- санэфӀыцӀей
зи лъэгагъыр м 1 – 1,5 хъу саней лъэпкъыгъуэм щыщ гъурц лӀэужьыгъуэщ. И гъагъэхэм Ӏэрамэ цӀыкӀуу зэхэту къыпедзэ, бжьэм фо къыхах. Пхъэщхьэмыщхьэ къыпыкӀэр хъурейщ, хъуа нэужь фӀыцӀэщ. Мыращ цӀыхум къагъэкӀ лӀэужьыгъуэхэр къызытрахыжар. СанейфӀыцӀэр езыр-езыру къущхьэхъу щӀыпӀэхэм kъыщокӀ. И къэхъупӀэ- къежьапӀэхэм ящыщу къалъытэ Къафкъасыри