- блашэ
и лъэгагъкӀэ м 25 – 30 хъууэ, баринэ дахэу къэкӀ жыг лӀэужьыгъуэщ. И тхьэмпэхэм лэдэхиплӀ яӀэщ. Гъэгъа щхъуантӀэ-гъуэжьыфэхэр тхьэмпэхэм я нэхъапэ къыпедзэ. Абыхэм мэ дахэ къапэх. Бжьэхэм хущхъуэ зыхэлъ фо къыхах. Блашэр илъэс 150 – 200-м нэсыхункӀэ мэпсэу, жыгей, бжей мэзхэм къыщокӀ. И пхъэм быдагъэу иӀэм папщэ адыгэхэм бгыкъу, пкъо, пшынэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къыхащӀык