- хьэщӀэщ баш
пасэм щыгъуэ пщы – уэркъхэм хьэщӀэ къахуэкӀуэмэ, ешхэ – ефэр махуэ псокӀэ, жэщри падзэжу щызэхэс хъурт. А гуп зэхэсыр зыхуей псори хуащӀэу, тӀысыни шхэни, захъуэжыни хуимытхэу пщылӀ щӀалэхэр жэхэфэгум тетын хуейт. ЩӀалэхэр щымытыжыфу езэшамэ, зытрагъэщӀэну башышхуэ зыщыплӀ хьэщӀэщ бжэкъуагъым къуэт хабзэт. Мис а башхэрат «хьэщӀэщ бащ» жыхуаӀэр