- шэбэз
Мэздэгу адыгэхэм я хъыджэбз щашэкӀэ, адэ – анэм къыбгъэдашын ипэкӀэ зэ къагъэфэж я Ӏыхьлы щӀалэ къыдэфэу, а къафэм деж хъыджэбзым нэгъэцӀу зэхэдзэ хуащӀ къекӀуэлӀахэи, нэгъэцӀур къыхэзыдзыр хъыджэбзыр къыщӀэзышхэм ящыщ фызщ. Апхуэдэу къыхадза нэгъэцӀум «шэбэз» кӀэ йоджэхэ