- гуэнтеуӀуэ
япэрей уафэгъуагъуэр зэрызэхахыу адыгэхэр я гуэнхэм , гъавэ хъумапӀэхэм бэлагъкӀэ теуӀуэхэт, ахэр нэщӀ мыхъуну, гъавэ бэв яӀэну Тхьэм елъэӀухэурэ. Бзылъхугъэхэр удз цӀынэм псы къыщӀапӀытӀыкӀти, ар псыкӀэ нэхъыбаӀуэу зэӀыхыжауэ гъэвалъэм траутхэт, нанухэм ираутхти, ахэм пщӀантӀэр, хадэхэр кърагъэжыхьт