- къуэш зэрыщӀын
фӀы дыдэу зэрылъагъу зэныбжьэгъухэр къуэш зэрыщӀыр я хабзэу щытащ адыгэхэм. Ауэ абы Ӏуэху гъэзэщӀапхъэ гуэрхэр пыщӀат : щӀалитӀым я Ӏэпэхэр ирабзэти, ялъхэр зэхагъэлъадэт : къуэш ищӀым и анэм и бгъэм ӀупэкӀэ еӀусэт, шэс тхьэрыӀуэ зэдащӀт. А тхьэрыӀуэр псэухухэкӀэ ягъэзащӀэт