- 1. жьакӀэупс зэкӀуж
- 2. хъыданбгырыпх щӀэпхэ
пасэм щыгъуэ лъы зяку дэлъхэм щыщу къуаншэр хеящӀэм игъэтӀысти, зилъ телъым сэ зэщӀэлъыкӀа ирит, и бийм и жьакӀэр иупсыну. Къуаншэр имукӀыжу и жьакӀэр хуиупсмэ, зэкӀужауэ къалъытэт, иукӀмэ, лъы щӀэжым аргуэру пищэт ¦ лъы зыгъэжар щӀегъуэжамэ, къуажэ лӀыжьхэм ныш яхуеукӀри ирегъэблагъэ и бийм хъыданбгырыпх щӀэпхэкӀэ екӀужыну зэрыхуейр. ЛӀыжьхэм ящӀа унафэмкӀэ хъыданбгырыпхыр щӀэзыпхэр бзылъхугъэращи, ар и бийм щӀэпхэри зокӀужхэр