- псейкъащхъуэ
гъэмахуи щӀымахуи щхъуантӀэу езыхьэкӀ жыг лъэпкъыгъуэщ. И пхъэм псэуалъэ къыхащӀыкӀ, илъэс 250-500-кӀэ мэпсэу. Къафкъас Ищхъэрэм езыр езыру къыщокӀ зы псей лӀэужьыгъуэ (Picea orientalis (L) Link). Мы псейм и лъэгагъыр м 50-м нос, къущхьэхъум, нэгъощӀ щӀыпӀэхэми куэдрэ урохьэлӀэ