- (адыгэ) тхьэгъуцӀацӀэ
лӀэужьыгъуэ куэду гуэша удз лӀэужьыгъуэщ. Ботаникхэм зэратхымкӀэ Къафкъасым езыр-езыру 91-рэ къыщокӀ. Абыхэм яхэтщ «адыгэ тхьэгъуцацӀэ» зыфӀащар. И лъэгагъыр см 20 – 60 -120-рэ мэхъу. МэкъупӀэхэм, удз лъапэхэм, мывалъэ джабэхэм н. къыщокӀ. Зи лъабжьэр адыгэхэм яшхри яхэтщ