- жыӀакӀуэ
пасэм жылитӀ Ӏуэху гуэркӀэ зэпэувамэ, къуажэ къэс лӀыкӀуэ гуп къыхахти , гупитӀым жаӀэр зэхамыхыну лъэныкъуэ зырызкӀэ увхэт, ахэм яку дэтыну зылӀ хахт пщӀэшхуэ иӀэу, мыпщу, мылӀакъуэлъэщу, ауэ уэркъыу, арат «жыӀакӀуэр». Абы лъэныкъуитӀым я лӀы зырыз и гъусэу гупитӀым яхыхьэурэ зы гупым жаӀэр адрейм яжыриӀэжт, ар икъукӀэ пшэрылъышхуэт, гъуситӀыр жыӀакӀуэм зыгуэр дигъэхуамэ, захуэ дыдэу жимыӀэфамэ, абы дэӀэпыкъунрат