- бжей
зи лъэгагъыр м 40 – 50-и нэс жыг лӀэужьыгъуэщ. Бжейм и жылэм адыгэхэр зэреджэр пщӀийщ. МафӀэкӀэ гъэгъуа пщӀийр шхыныгъуэ гъэщӀэгъуэн мэхъур, дагъэ куэд щӀэтщи. Бжейр нэхъыбэу къыщокӀ къущхьэхъу мэзхэм, илъэс 500-м нэс къегъащӀэр. И пхъэр быдэщи псэуалъэ, гу шэрхъ, гупхэтӀэкӀу, ужьгъэ, пхъэшкӀу, хьэкхъуафэ, Ӏэнэ, Ӏэнлъэ н. къыхащӀыкӀ