- шхуэ
Ӏэпслъэпсхэм щыщу шхуэӀу, шхуэмылакӀэ иӀэу и щхьэм фӀалъхьэ, ар къызэрырашэкӀ фэ кӀапсэ зэрыхъэ. - Шхуэ пэбг – шхуэм щыщ Ӏыхьэу шым ипэбгым зэп- рыкӀыу къытелъыр. - Шхуэ щхьэфэ – шхуэм щыщ Ӏыхьэу шхуэӀу тхьэгъуитӀым пыдауэ шым и щхьэм къекӀуэкӀыр. - ШхуэмылакӀэ – шыум шыр зыхуеймкӀэ зэригъакӀуэ, ар къызэрырашэкӀ шхуэӀу тхьэгъум ищӀа фэ кӀапсэ кӀыхь. -ШхуэнатӀэпс – шхуэм щыщ Ӏыхьэу шым и натӀэм зэпрыкӀыу къытелъыр. - ШхуэӀу –шхуэр щыпщӀэхалъхьэкӀэ шым и жьэм жьэдалъхьэ гъущӀ зэфӀэдза. –шхуэӀу тхьэгъу – шхуэӀур шхуэщхьэфэм пызыщӀэ тхьэгъу. - шхуэӀужь – шхуэмылакӀэм щыщу шхуэӀум пэгъунэгъу Ӏыхьэр