- дзэлыпцӀэ
зи лъэгагъыр м 5-м нэс жыгщ е гъурцщ, дзэл лэпкъым щыщщ. Тхьэмпэхэр къыпымыкӀэ щӀыкӀэ жыгыр мэгъагъэ. ДзэлыпцӀэм и къэхъукӀэ-къежьапӀэу халъьытэ Къафкъасыри. Ди щӀыналъэм а жыгыр нэхъ щыкуэдщ мэз лъапэхэм, бгы лъапэхэм, джабэхэм, къуэ дурэшхэм, бгыщхьэхэм. И гъагъэм бжьэм фо къыхах, и пхъэр зэрыпсынщӀэм хуэфащэу Ӏэмэпсымэ къыхащӀыкӀ