- гущэкъуапэ ибзэ
пасэм хъыджэбз цӀыкӀу къэхъуам и гущэ къуапэр хурабзэт, а жэщ дыдэм къыдэхъуа щӀалэ цӀыкӀум е апхуэдэ щымыӀэмэ, а унагъуэм благъэ зыкъыхуэзыщӀыну хуейм и щӀалэ цӀыкӀум, зи гущэ къуапэ ирабзам нэгъуэщӀ щӀалэ къепсэлъыхъутэкъым, я ныбжь нэсмэ, езы зэтраӀуахэр зэрышэт. ЗытраӀуа щӀалэр псэууэ пщащэр нэгъуэщӀ дэкӀуэ хабзэтэкъым