- хьэиуей
цӀыхухэм куэд щӀауэ къагэкӀ жыг лӀэужьы гъуэщ. И лъэгагъыр м 5 – 7-м нос. И пхъэщхьэмыщхьэр бжьыхьэм ирихьэлӀэу гъуэжь дахэ мэхъу. ЩӀымахуэм тӀыгъуэу щолъ. Хьэиуейм и къежьапӀэр Къафкъасыращ, ипэдыдэу дэзгъэкӀар шапсыгъырауэ ялъытэр. Нэхъ иужькӀэ хьэтхэм хьэиуейр Къафкъасым ирахри Азие ЦӀыкӀум щагъэбэгъуащ. Адыгэхэм мы пхъэщхьэмыщхьэр яшх, ягъэгъу, ягъавэ фошыгъупсым е фоупсым хэлъыу