- шыурэлъэс
нысашэм хэт щӀалэгъуалэм гупитӀ защӀ : зы гупыр шыуэ, зы гупыр лъэсу. Лъэсхэм чы яӀыгъыу нысэр зыщӀаша унэм и Ӏутым къытоувэхэри, унэм зиш щэзыхуэну пылъ щӀалэхэм къуэзауэ. ЧымкӀэ шым еуэну хуиткъым, зэуэ хъунур шым тесращ. Шым чыкӀэ еуэ щӀалэм абы тес шыур щӀопщкӀэ къеуэжыну хуитщ. Зиш унэм щӀэзыхуэфым фӀыщӀэбжьэ кърат, и шым и сокум пщащэхэм Ӏэджи къыхухащӀэ. Унэм зыри щӀамыгъэхьэн ялъэкӀамэ, фӀыщӀэбжьэр лъэс щӀалэ нэхъ къыхэжаныкӀахэм ират. Мы зэпеуэныгъэм гужьгъэжь, зэхуилъ – сыт къыхэкӀыу ядэтэкъым, мы шыӀэныгъэмрэ ерыщагъэмрэ хуэзыгъасэ джэгукӀэт, зи накӀэ – лъакӀэ щӀэуда Ӏэджи къыхэкӀыж пэтми