- жьуджалэ
гъитӀкӀэ къэкӀ удз лӀэужьыгъуэщ. И лъэгагъыр см 55 – 30-м нос. Япэ илъэсым къэкӀыгъэм лъабжьэ гъум ещӀ, кууэ екӀыхыу. ЕтӀуанэ илъэсым пкъы къудамэ, гъэгъа, жылэ щищӀыр. ДыгъафӀэ джабэхэм дзэхухэм яхэту къыщокӀ. Уэшх мащӀэ къыщешх щӀыпӀэхэм. МэкъупӀэхэм, хъупӀэхэм ущрохьэлӀэр. ЕтӀуанэ илъэсым щӀым щӀэлъ и лъабжьэр мэфри, удз гъуа хъурейр жьым ирехьэжьэ, и жылэхэр адэкӀэ – мыдэкӀэ щыполъэлъ. Аращ адыгэхэр мы къэкӀыгъэм жьуджалэкӀэ щӀеджэр. Ӏэщым яхуэшхыркъым. И гъагъэхэм бжьэм фо къыхах