ӀэщӀэудын

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

ӀэщӀеуд)

лъэӀ.

1. Уеуэу зыгуэрым ӀэщӀэлъыр къыӀэщӀэгъэхун.

Хъыджэбз цӀыкӀухэм абы хуэдэ зыгуэр яхьу жьы къепщэри ерэстату плъагъур яхуэмыубыду зэридзэурэ яӀэщӀиудри зы хъыджэбз цӀыкӀу зэрыкӀэрыщӀауэ иӀэтри бгъуэтым къащтэ.— Щынэхужьыкъуэ, 33

+1 örnek

ТӀури [тыркумрэ Къэрэжьрэ] гъунэгъу дыдэу Дэфэрэдж къыбгъэдыхьэри къеплъащ-неплъащ, сабийри ӀэщӀаудри Дэфэрэдж и щхьэфэцым зиӀэтащ, си бын цӀыкӀу закъуэр псым хадзэри сагъэсэхыж жиӀэри арщхьэкӀэ ар псым хадзэну аратэкъым: Къэрэжь зыхуейр Дэфэрэдж хъыджэбз уасэкӀэ, и сабийр зы тумэнкӀэ ищэну арат.— Лъапсэ, 36

2. Зэран хуэхъун, зэпыудын (псалъэр, гупсысэр, н.къ.).

Къэзмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592

+1 örnek

– ЛӀо, гипноз сыпщӀыну ара, уи нэр къыщӀыстенар? – жиӀэри щӀалэм [Ботэх] сызэгупсысыр сӀэщӀиудащ.— Лъапсэ, 65

Kitapta geçtiği hali

ӀЭЩӀЭУДЫН (ӀэщӀеуд) лъэӀ. (5). 1. (2). Уеуэу зыгуэрым ӀэщӀэлъыр къыӀэщӀэгъэхун. Хъыджэбз цӀыкӀухэм абы хуэдэ зыгуэр яхьу жьы къепщэри ерэстату плъагъур яхуэмыубыду зэридзэурэ яӀэщӀиудри зы хъыджэбз цӀыкӀу зэрыкӀэрыщӀауэ иӀэтри бгъуэтым къащтэ. Щынэхужьыкъуэ, 33. ТӀури [тыркумрэ Къэрэжьрэ] гъунэгъу дыдэу Дэфэрэдж къыбгъэдыхьэри къеплъащ-неплъащ, сабийри ӀэщӀаудри Дэфэрэдж и щхьэфэцым зиӀэтащ, си бын цӀыкӀу закъуэр псым хадзэри сагъэсэхыж жиӀэри арщхьэкӀэ ар псым хадзэну аратэкъым: Къэрэжь зыхуейр Дэфэрэдж хъыджэбз уасэкӀэ, и сабийр зы тумэнкӀэ ищэну арат. Лъапсэ, 36. 2. (3). Зэран хуэхъун, зэпыудын (псалъэр, гупсысэр, н.къ.). Къэзмай и псалъэр Инал ӀэщӀиудати, къущхьэ лӀыжьу къурш гъуэгуи къызэпызычам зиущэхужауэ щыст, къызэрыкӀуами, псалъэ зэрыжиӀами хущӀегъуэжа хуэдэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. – ЛӀо, гипноз сыпщӀыну ара, уи нэр къыщӀыстенар? – жиӀэри щӀалэм [Ботэх] сызэгупсысыр сӀэщӀиудащ. Лъапсэ, 65.

Düzeltme Öner

ӀэщӀэудын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.