ӀэщӀэлъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(ӀэщӀэлъщ)
1. Зыгуэр ӀэмыщӀэм илъын
рубыть, находиться в руке
Инармэс ӀэщӀэлъ гудзэм еплъыжри, лъы кӀэрылъти.. илъэщӀыжащ.— Къэбэрдей таурыхъхэр
2. Зыгуэрым хуэхуиту щытын.
руобладать, располагать чем-л.
ТхакӀуэм Ӏэщэ лъэщу ӀэщӀэлъыр гъащӀэм и пэжыр арт. Ӏуащхь.
3. Зыгуэрым и унафэщӀу щытын, зыгуэр и ӀэмыщӀэ илъын.
рубыть в чьём-л. ведении
Ӏэщыр зытетӀысхьэн щӀэуфэ (п. п. хьэуазэ, мэкъу).
руподстилка в стойле для скота
ӀэщӀэлъыныр яужь махуэхэм зэрамыхъуэкӀауэ лъэгур псыфт, фӀейт.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Kitapta geçtiği hali
ӀэщӀэлъын I (ӀэщӀэлъщ) неперех. гл. 1. быть, находиться в руке / Зыгуэр ӀэмыщӀэм илъын * Инармэс ӀэщӀэлъ гудзэм еплъыжри, лъы кӀэрылъти.. илъэщӀыжащ. Къэб. таур. 2. переносное обладать, располагать чем-л. / Зыгуэрым хуэхуиту щытын. * ТхакӀуэм Ӏэщэ лъэщу ӀэщӀэлъыр гъащӀэм и пэжыр арт. Ӏуащхь. 3. переносное быть в чьём-л. ведении / Зыгуэрым и унафэщӀу щытын, зыгуэр и ӀэмыщӀэ илъын. II подстилка в стойле для скота / Ӏэщыр зытетӀысхьэн щӀэуфэ (п. п. хьэуазэ, мэкъу). * ӀэщӀэлъыныр яужь махуэхэм зэрамыхъуэкӀауэ лъэгур псыфт, фӀейт. Къ. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ӀэщӀэлъщ)
лъэмыӀ.
1. Зыгуэр ӀэмыщӀым илъын.
Абы [Дисэ] гуэгуш къабзий зытӀущ ӀэщӀэлът, абыкӀэ гуэгушыр къэзыукӀар къиумысын хуэдэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 103
+2 örnek
Ныбжьэгъуу си лъапӀэ, Сыкъинэ мыбдеж, Жыр Ӏэщэр сӀэщӀэлъу ЗауапӀэм сигъэлъ.— ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 33
Марфэ жаӀэр и фӀэщ хъуркъым, А тхылъ напэр Ӏэм ӀэщӀэлъми… «— Бдзэжьеящэм ипхъу, 165
2. Зыгуэрым хуиту щытын.
Тхылъ пӀэщӀэлъщ икӀи хъарзынэр аращ, – жиӀэрт Инал, – дэри пщӀэшхуэ пхудощӀ, уи щӀэныгъэр хэбгъэхъуэнуи дынохъуэхъу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 531
+1 örnek
[Къылышбий Астемыр къыжреӀэ:] Алыхьым и фӀыцӀагъэ лъапӀэр пӀэщӀэлъу, баш къапщтэрэ узауэу, ар дауэ?— Хъуэпсэгъуэ нур, 120
3. Зыгуэрым и унафэщӀу щытын, зыгуэр и ӀэмыщӀым илъын.
НэгъуэщӀ щӀыпӀэу ди сэлэтхэм Я шырыкъум пӀэ щищӀауэ, Власть народым щаӀэщӀэлъым Соплъ я тыгъэ къагъэхьауэ.— Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58
+1 örnek
Волгэ Ӏуфэм, псышхуэ тӀуащӀэм – Коммунизмэм куэд щыхуащӀэм Экскаватор зыӀэщӀэлъу Щытщ лӀы гуэри каскэм еплъу.— Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 13
Ӏэщыр зытетӀысхьэн щӀэуфэ (п. п. хьэуазэ, мэкъу).
ШыщӀэ цӀыкӀум и щӀэщыгъуэу ӀэщӀэлъыным тоджэгухьыр.— Елбэздыкъуэ, 5
+2 örnek
ЗыщӀэт бор [шыр] къабзэт, пщыхьэщхьэ къэс ӀэщӀэлъын щӀэтлъхьэрт, мэкъумрэ Ӏусымрэ ящӀыӀужкӀэ удз хьэжыгъэ хузэхэтщӀэурэ едгъэшхырт.— Анка, 382
[ЦӀыхубзыр] шкӀэр здыщӀэтымкӀэ кӀуэмэ, шкӀэщым ӀэщӀэлъын хуэдэу щӀэлъа мэкъум лӀы пцӀанэшхуэ хэлъу елъагъури диным икӀауэ мэкӀий, зыгуэр яукӀыу и хьэдэр къыкӀэщӀадза къыфӀэщӀауэ.— Лъапсэ, 51
Kitapta geçtiği hali
ӀЭЩӀЭЛЪЫН I (ӀэщӀэлъщ) лъэмыӀ. (28). 1. (21). Зыгуэр ӀэмыщӀым илъын. Абы [Дисэ] гуэгуш къабзий зытӀущ ӀэщӀэлът, абыкӀэ гуэгушыр къэзыукӀар къиумысын хуэдэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 103. Ныбжьэгъуу си лъапӀэ, Сыкъинэ мыбдеж, Жыр Ӏэщэр сӀэщӀэлъу ЗауапӀэм сигъэлъ. ЗэныбжьэгъуитӀ. «Шум и гъуэгу», 33. Марфэ жаӀэр и фӀэщ хъуркъым, А тхылъ напэр Ӏэм ӀэщӀэлъми… «Бдзэжьеящэм ипхъу», 165. 2. (5). Зыгуэрым хуиту щытын. Тхылъ пӀэщӀэлъщ икӀи хъарзынэр аращ, – жиӀэрт Инал, – дэри пщӀэшхуэ пхудощӀ, уи щӀэныгъэр хэбгъэхъуэнуи дынохъуэхъу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 531. [Къылышбий Астемыр къыжреӀэ:] Алыхьым и фӀыцӀагъэ лъапӀэр пӀэщӀэлъу, баш къапщтэрэ узауэу, ар дауэ? Хъуэпсэгъуэ нур, 120. 3. (2). Зыгуэрым и унафэщӀу щытын, зыгуэр и ӀэмыщӀым илъын. НэгъуэщӀ щӀыпӀэу ди сэлэтхэм Я шырыкъум пӀэ щищӀауэ, Власть народым щаӀэщӀэлъым Соплъ я тыгъэ къагъэхьауэ. Лъэпкъхэм я тыгъэ. «Партыр ди пашэу», 58. Волгэ Ӏуфэм, псышхуэ тӀуащӀэм – Коммунизмэм куэд щыхуащӀэм Экскаватор зыӀэщӀэлъу Щытщ лӀы гуэри каскэм еплъу. Волгэ Ӏуфэ. «Партыр ди пашэу», 13.
ӀЭЩӀЭЛЪЫН II (3). Ӏэщыр зытетӀысхьэн щӀэуфэ (п. п. хьэуазэ, мэкъу). ШыщӀэ цӀыкӀум и щӀэщыгъуэу ӀэщӀэлъыным тоджэгухьыр. «Елбэздыкъуэ», 5. ЗыщӀэт бор [шыр] къабзэт, пщыхьэщхьэ къэс ӀэщӀэлъын щӀэтлъхьэрт, мэкъумрэ Ӏусымрэ ящӀыӀужкӀэ удз хьэжыгъэ хузэхэтщӀэурэ едгъэшхырт. Анка, 382. [ЦӀыхубзыр] шкӀэр здыщӀэтымкӀэ кӀуэмэ, шкӀэщым ӀэщӀэлъын хуэдэу щӀэлъа мэкъум лӀы пцӀанэшхуэ хэлъу елъагъури диным икӀауэ мэкӀий, зыгуэр яукӀыу и хьэдэр къыкӀэщӀадза къыфӀэщӀауэ. Лъапсэ, 51.