Ӏэхъуэ бэрамыкъ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зэблэша хъуа жыӀэгъуэщ, тэмэмыр: Ӏэпхъуамбэбэракъ. Мыбы къикӀыр Ӏэпхъуамбэшхуэмрэ абы къыбгъэдэт Ӏэпхъуамбэмрэ зыщӀыпӀэ зэкӀэщӀэхауэ тебукъуэдиемэ, абы зэхуаку мащӀэ къагъэхъурщ. «Ӏэпхъуамбэбэракъым щӀэгъэпщын» жаӀэмэ, «бжьынэм игъэпщын», бэлыхь егъэшэчын мыхьэнэ къокӀ.
Нартхэ я Ӏэхъуэ-выхъуэ, Нартхэ я жэмыхъуэжь, ЖьакӀэ хужь птемытми, Ӏэхъуэ бэрамыкъым сэ ущӀэзгъэпщынт. «— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 417
Kitapta geçtiği hali
ӀЭХЪУЭ БЭРАМЫКЪ (1). Зэблэша хъуа жыӀэгъуэщ, тэмэмыр: Ӏэпхъуамбэбэракъ. Мыбы къикӀыр Ӏэпхъуамбэшхуэмрэ абы къыбгъэдэт Ӏэпхъуамбэмрэ зыщӀыпӀэ зэкӀэщӀэхауэ тебукъуэдиемэ, абы зэхуаку мащӀэ къагъэхъурщ. «Ӏэпхъуамбэбэракъым щӀэгъэпщын» жаӀэмэ, «бжьынэм игъэпщын», бэлыхь егъэшэчын мыхьэнэ къокӀ. Нартхэ я Ӏэхъуэ-выхъуэ, Нартхэ я жэмыхъуэжь, ЖьакӀэ хужь птемытми, Ӏэхъуэ бэрамыкъым сэ ущӀэзгъэпщынт. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 417.