ӀэфӀ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ӀашӀу/ӀэфӀ; TATLI
ӀэфӀ/ӀашӀу; TATLI
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Дыджу щымыт, хуабжьу гурыхь.
русладкий
Шей ӀэфӀ.
2. Гурыхьагъ ин зыхэлъ, гум къищтэ (шхын).
рувкусный
ӀэфӀ нэхърэ гурыхь.— Псалъэжьхэр
3. ГуфӀэгъуэ, нэщхъыфӀагъэ, гухэхъуэгъуэ, дэрэжэгъуэ къозыт.
руприятный, доставляющий удовольствие, наслаждение
Жей ӀэфӀ.
+1 örnek
{Чачэ:} - Ана, адыд мыгъуэ, быным хуэдэу ӀэфӀ сыт щыӀэ.— КӀыщокъуэ Алим
Bu maddedeki ifadeler (2)
ӀэфӀ къыӀурыхъуэн
рупочувствовать вкус к чему-л.
ӀэфӀи фӀэӀуи щӀэмылъыжын (къыщӀэмынэжын)
рудорога ложка к обеду.
ӀэфӀи фӀэӀуи щӀэлъыжкъым апхуэдизрэ улъэӀуауэ къыпхуащӀэм.— Къэбэрдей
Kitapta geçtiği hali
ӀэфӀ 1. сладкий / Дыджу щымыт, хуабжьу гурыхь. Шей ӀэфӀ. 2. вкусный / Гурыхьагъ ин зыхэлъ, гум къищтэ (шхын). * ӀэфӀ нэхърэ гурыхь. (погов.) 3. переносное приятный, доставляющий удовольствие, наслаждение / ГуфӀэгъуэ, нэщхъыфӀагъэ, гухэхъуэгъуэ, дэрэжэгъуэ къозыт. Жей ӀэфӀ. * {Чачэ:} - Ана, адыд мыгъуэ, быным хуэдэу ӀэфӀ сыт щыӀэ. КӀ. А. ӀэфӀ къыӀурыхъуэн почувствовать вкус к чему-л. ӀэфӀи фӀэӀуи щӀэмылъыжын (къыщӀэмынэжын) дорога ложка к обеду. * ӀэфӀи фӀэӀуи щӀэлъыжкъым апхуэдизрэ улъэӀуауэ къыпхуащӀэм. Къэб.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Дыджу щымыт, фом хуэдэ.
ӀэфӀ зышхыр дыджым пхуемыӀусэ, Дыджыр зи щӀасэр ӀэфӀ хуэмей.— ӀэфӀрэ дыджрэ. «Дамыгъэ», 111
+2 örnek
Гундж мэракӀуэр Дыджрэ ӀэфӀрэ ЗэбгъэщӀэнум къэщӀэгъуей?— Гундж мэракӀуэ. «Батырыбжьэ», 92
УеӀубакъэ – псы ӀэфӀ тӀэкӀущи, Ар зыфӀэфӀыр зи щӀэщыгъуэрщ.— ЦӀыхубзыр зыхуэдэр. «Батырыбжьэ», 158
2. Гум къищтэ (шхын).
Думэсарэ и жагъуэт Лу зэрыкӀуэжыр, итӀани Лу езым ищӀа пхъуантэм чыржын тӀэкӀу, джэдыкӀэ игъэвыкӀа сытхэр дилъхьащ, уи анэ ищӀауэ шхын пшхым нэхъ ӀэфӀ сыт щыӀэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 517
+1 örnek
ӀэщӀэвыщӀэ яукӀмэ, и лыр ӀэфӀу щӀыщытари, ар лъэпсейуэ щӀащэфри гурыӀуэгъуэт, итӀани абы гу лъитэн хуейтэкъэ…— Лъапсэ, 7
3. ГуфӀэгъуэ, нэщхъыфӀагъэ, гухэхъуэгъуэ, дэрэжэгъуэ къозыт.
Нанэ Астемыр и щӀакӀуэ кӀапэм Ӏэ дилъэурэ псалъэ ӀэфӀу щыӀэр и къуэм щхьэкӀэ къибжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 193. [Чачэ:] Ана, адыд мыгъуэ, быным хуэдэу ӀэфӀ сыт щыӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565
+1 örnek
Удзымэ ӀэфӀхэм чэф сащӀауэ Ди унэ тӀэкӀум сокӀуэлӀэж.— Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379
Deyimler (2)
ӀэфӀ къыӀурыхъуэн
Игу ирихьын, фӀэфӀ хъун, иджыри апхуэдэ хуеин.
ПцӀыр ӀэфӀ къыпӀурыхъуэмэ, пэжри уи гум ирихьыжынукъым, уи нэм къыщӀэуэнкӀи мэхъу…— Лъапсэ, 98
+1 örnek
ӀэфӀ къаӀурыхъуэнщи, нэхъри ерыщ екӀуэнщ [бийхэр].— Нал къута, 260
ӀэфӀ щӀэмылъыжын
Гурыхьу щымытыжын, ӀэфӀыр щӀэкӀын.
УдзыщӀэр къэкӀыным иджыри Ӏэджэ иӀэщ, нэгъабэрей удзыр гъужри фащ, ӀэфӀ щӀэлъыжкъым, щӀэмылъыжми Ӏэщым ягъуэтащэрэт, гъури щэщэжащ.— Щынэхужьыкъуэ, 18
Kitapta geçtiği hali
ӀЭФӀ (57). плъыф. 1. (10). Дыджу щымыт, фом хуэдэ. ӀэфӀ зышхыр дыджым пхуемыӀусэ, Дыджыр зи щӀасэр ӀэфӀ хуэмей. ӀэфӀрэ дыджрэ. «Дамыгъэ», 111. Гундж мэракӀуэр Дыджрэ ӀэфӀрэ ЗэбгъэщӀэнум къэщӀэгъуей? Гундж мэракӀуэ. «Батырыбжьэ», 92. УеӀубакъэ – псы ӀэфӀ тӀэкӀущи, Ар зыфӀэфӀыр зи щӀэщыгъуэрщ. ЦӀыхубзыр зыхуэдэр. «Батырыбжьэ», 158. 2. (6). Гум къищтэ (шхын). Думэсарэ и жагъуэт Лу зэрыкӀуэжыр, итӀани Лу езым ищӀа пхъуантэм чыржын тӀэкӀу, джэдыкӀэ игъэвыкӀа сытхэр дилъхьащ, уи анэ ищӀауэ шхын пшхым нэхъ ӀэфӀ сыт щыӀэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 517. ӀэщӀэвыщӀэ яукӀмэ, и лыр ӀэфӀу щӀыщытари, ар лъэпсейуэ щӀащэфри гурыӀуэгъуэт, итӀани абы гу лъитэн хуейтэкъэ… Лъапсэ, 7. 3. (36). зэхь. ГуфӀэгъуэ, нэщхъыфӀагъэ, гухэхъуэгъуэ, дэрэжэгъуэ къозыт. Нанэ Астемыр и щӀакӀуэ кӀапэм Ӏэ дилъэурэ псалъэ ӀэфӀу щыӀэр и къуэм щхьэкӀэ къибжырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 193. [Чачэ:] Ана, адыд мыгъуэ, быным хуэдэу ӀэфӀ сыт щыӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. Удзымэ ӀэфӀхэм чэф сащӀауэ Ди унэ тӀэкӀум сокӀуэлӀэж. Ди хэку аргуэру къызогъазэ. «Щхьэлыкъуэ», 379. ◊ ӀэфӀ къыӀурыхъуэн (2). Игу ирихьын, фӀэфӀ хъун, иджыри апхуэдэ хуеин. ПцӀыр ӀэфӀ къыпӀурыхъуэмэ, пэжри уи гум ирихьыжынукъым, уи нэм къыщӀэуэнкӀи мэхъу… Лъапсэ, 98. ӀэфӀ къаӀурыхъуэнщи, нэхъри ерыщ екӀуэнщ [бийхэр]. Нал къута, 260. ӀэфӀ щӀэмылъыжын (2). Гурыхьу щымытыжын, ӀэфӀыр щӀэкӀын. УдзыщӀэр къэкӀыным иджыри Ӏэджэ иӀэщ, нэгъабэрей удзыр гъужри фащ, ӀэфӀ щӀэлъыжкъым, щӀэмылъыжми Ӏэщым ягъуэтащэрэт, гъури щэщэжащ. Щынэхужьыкъуэ, 18.