Ӏэуэлъэуэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
Ӏаолъэон/Ӏэуэлъэуэн (мэӀаолъао/мэӀэуэлъауэ), ыуж/и ужь ИТЫН (~ ИТ(щ), пылъын (ПЫЛЪ(щ), пыкӀэрэкӀын (пэкӀэпрэкӀы), ЕГУГЪУН (егугъу/йогугъу); ÇABALAMAK
Ӏэолъэон/Ӏэуэлъэуэн, зыхъунщӀэн; ÇIRPINMAK
Ӏэуэлъэуэн/Ӏэолъэон, зыхъунщӀэн; ÇIRPINMAK
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэӀэуэлъауэ)
1. Зыгуэрым макъ гуэрхэр егъэщӀын, макъ гуэрхэр къэгъэӀун.
рушуметь
ЕджакӀуэхэр мэӀэуэлъауэ.
2. Ӏуэху гуэрым хэмыкъузэпауэ яужь итын, пэщэщэн.
рузаниматься каким-л. делом, работать без напряжения
Kitapta geçtiği hali
Ӏэуэлъэуэн (мэӀэуэлъауэ) неперех. гл. 1. шуметь / Зыгуэрым макъ гуэрхэр егъэщӀын, макъ гуэрхэр къэгъэӀун. ЕджакӀуэхэр мэӀэуэлъауэ. 2. переносное заниматься каким-л. делом, работать без напряжения / Ӏуэху гуэрым хэмыкъузэпауэ яужь итын, пэщэщэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэӀэуэлъауэ)
1. Зыгуэрым макъ гуэрхэр егъэщӀын, макъ гуэрхэр къэгъэӀун.
Махуэм дыгъэр благъуэм зыӀуригъэлъадэу жылэм щалъагъум, гужьеяуэ зэрызехьэрт, ящӀэнур ямыщӀэу, пэгун, лэгъуп сытхэр къащтауэ ягъэву, мэӀэуэлъауэ, фоч зиӀэм къищтауэ уафэм доуей, благъуэр ягъэщтэн я гугъэу.— Лъапсэ, 119
+2 örnek
ЦӀыху зэхэтым Ӏэуэлъэуэныр занщӀэу щагъэтащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 154
Зыр уӀэгъэт, КӀэщӀу бауэт, Удзыр лъыкӀэ ириӀат, Зыр пщыпауэ Ӏэуэлъауэт, И Ӏэпъкълъэпкъыр упщӀыӀуат.— ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 46
2. Ӏуэху гуэр яужь итын, пэщэщэн.
Емызэшыжу Ӏэуэлъауэу пщӀантӀэм дэта Ӏузизэ пӀэм гъуэлъа нэужьи Инус и фӀэщ хъуакъым и фызыр сымаджэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 68
+1 örnek
Иджыри Дзэшу жьы хъууэ тӀысыжа пэтми, Ӏуэхуншэу щысыфыркъым, Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэу мэӀэуэлъауэри хадэм итщ, зэм жыг еухъуэнщӀ, зэм къетӀыхь е хущхъуэ ятрекӀэ, пхъэщхьэмыщхьэм хьэпӀацӀэ емыуэн щхьэкӀэ.— КӀапсэ кӀапэ, 7
Kitapta geçtiği hali
ӀЭУЭЛЪЭУЭН (мэӀэуэлъауэ) лъэмыӀ. (7). 1. (5). Зыгуэрым макъ гуэрхэр егъэщӀын, макъ гуэрхэр къэгъэӀун. Махуэм дыгъэр благъуэм зыӀуригъэлъадэу жылэм щалъагъум, гужьеяуэ зэрызехьэрт, ящӀэнур ямыщӀэу, пэгун, лэгъуп сытхэр къащтауэ ягъэву, мэӀэуэлъауэ, фоч зиӀэм къищтауэ уафэм доуей, благъуэр ягъэщтэн я гугъэу. Лъапсэ, 119. ЦӀыху зэхэтым Ӏэуэлъэуэныр занщӀэу щагъэтащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 154. Зыр уӀэгъэт, КӀэщӀу бауэт, Удзыр лъыкӀэ ириӀат, Зыр пщыпауэ Ӏэуэлъауэт, И Ӏэпъкълъэпкъыр упщӀыӀуат. ПарашютитӀ. «Бгы лъапэхэм деж», 46. 2. (2). Ӏуэху гуэр яужь итын, пэщэщэн. Емызэшыжу Ӏэуэлъауэу пщӀантӀэм дэта Ӏузизэ пӀэм гъуэлъа нэужьи Инус и фӀэщ хъуакъым и фызыр сымаджэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 68. Иджыри Дзэшу жьы хъууэ тӀысыжа пэтми, Ӏуэхуншэу щысыфыркъым, Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэу мэӀэуэлъауэри хадэм итщ, зэм жыг еухъуэнщӀ, зэм къетӀыхь е хущхъуэ ятрекӀэ, пхъэщхьэмыщхьэм хьэпӀацӀэ емыуэн щхьэкӀэ. КӀапсэ кӀапэ, 7.