Ӏэпслъэпс
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Шым ехьэлӀа шхуэ, шытепхъуэ, нахъутэ с. ху.
русбруя (конская)
Ӏэпслъэпсым дагъэ щахуащ.
Kitapta geçtiği hali
Ӏэпслъэпс сбруя (конская) / Шым ехьэлӀа шхуэ, шытепхъуэ, нахъутэ с. ху. Ӏэпслъэпсым дагъэ щахуащ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Шым ехьэлӀа шхуэ, нахъутэ сыт хуэдэхэр.
Псыхуабэ адыгэ мащӀэ дэст – Ӏэпслъэпс е щӀакӀуэ ящэу – Къазджэрий хэт еупщӀми, Астемыр и хъыбар зыщӀэ хуэзэртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 237
+2 örnek
Гуэлым гур къыхалъэфыж, Ӏэпслъэпсым илъэхъа шыр къыщӀатӀыкӀри ягъэувыж.— Нал къута, 214
Зым и кӀэрахъуэр шэщым щӀэлът, шы Ӏэпслъэпсым хэлъу, адрейм пщэфӀапӀэм гъэтӀылъыпӀэ къыщигъуэтауэ иӀыгът…— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531
Kitapta geçtiği hali
ӀЭПСЛЪЭПС (8). Шым ехьэлӀа шхуэ, нахъутэ сыт хуэдэхэр. Псыхуабэ адыгэ мащӀэ дэст – Ӏэпслъэпс е щӀакӀуэ ящэу – Къазджэрий хэт еупщӀми, Астемыр и хъыбар зыщӀэ хуэзэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 237. Гуэлым гур къыхалъэфыж, Ӏэпслъэпсым илъэхъа шыр къыщӀатӀыкӀри ягъэувыж. Нал къута, 214. Зым и кӀэрахъуэр шэщым щӀэлът, шы Ӏэпслъэпсым хэлъу, адрейм пщэфӀапӀэм гъэтӀылъыпӀэ къыщигъуэтауэ иӀыгът… Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 531.