ӀэмыщӀэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. Ӏэгу зэтелъ, зэтекъуза, ӀэкӀуэцӀ.

ругорсть; кулак

ӀэмыщӀэр зэтекъузэн. Унэм сыкъэсыжу си ӀэмыщӀэр щызэтесхыжам си дыщэ тумэным псыр къыпыжырт, си Ӏэгур пщӀэнтӀауэ бахъэр кърихырт. Н. З. Уи ӀэмыщӀэ имылъым ущымыгугъ. (погов.)

2. Еплъ: ӀэмыщӀэщыз

Нартыху ӀэмыщӀэ.

Bu maddedeki ifadeler (3)

{и} ӀэмыщӀэ къитӀэсэн (къихуэн

ру) оказаться в чьём-л. подчинении.

ӀэмыщӀэм игъэтӀысхьэн

руподчинить кого-л.; взять бразды правления в свои руки.

{и} ӀэмыщӀэм иубыдэн. {и} ӀэмыщӀэм иубыдэн

ӀэмыщӀэм илъын

рунаходиться в подчинении.

Kitapta geçtiği hali

ӀэмыщӀэ 1. горсть; кулак / Ӏэгу зэтелъ, зэтекъуза, ӀэкӀуэцӀ. ӀэмыщӀэр зэтекъузэн. Унэм сыкъэсыжу си ӀэмыщӀэр щызэтесхыжам си дыщэ тумэным псыр къыпыжырт, си Ӏэгур пщӀэнтӀауэ бахъэр кърихырт. Н. З. Уи ӀэмыщӀэ имылъым ущымыгугъ. (погов.) 2. см. ӀэмыщӀэщыз. Нартыху ӀэмыщӀэ. {И} ӀэмыщӀэ къитӀэсэн (къихуэн) оказаться в чьём-л. подчинении. ӀэмыщӀэм игъэтӀысхьэн = {И} ӀэмыщӀэм иубыдэн. {И} ӀэмыщӀэм иубыдэн подчинить кого-л.; взять бразды правления в свои руки. ӀэмыщӀэм илъын находиться в подчинении.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Ӏэгу зэтелъ, зэтекъуза, ӀэкӀуэцӀ.

– Мыращ сэ ахъшэу сиӀэр, –жиӀэри Саримэ и ӀэмыщӀэм илъ ахъшэр иригъэлъэгъуащ [Рахьим лафкӀэтетым].— Хъуэпсэгъуэ нур, 128

+1 örnek

Зышхын зимыӀэм и ӀэмыщӀэм Зыгуэр къихъуэну ар мэгугъэ. Псыр гъужыпами… «Батырыбжьэ», Илас ахъшэр и гуфӀакӀэм дилъхьэурэ дэз хъуащи, ахъшэ къэзыгъэзэж къыхихын щхьэкӀэ, ӀэмыщӀэм из къыдэпхыурэ ухэплъыхьын хуейщи, и гуфӀакӀэм ахъшэр къыщыдэлъэлъи къохъу.— МелыӀыч, 471

Deyimler (6)

[и] ӀэмыщӀэ зилъхьэн

Зыгуэрым и унафэ щӀэувэн.

Езы Жыраслъэни къаплъэрэ, оркестрым Лу хэту къилъагъумэ, зыкъуэт къуэгъэнапӀэм къыкъуэкӀынщи лъэӀуэнщ: «Фи ӀэмыщӀэ зызолъхьэ, Лу, къулыкъуи фхуэсщӀэнщ, мы полъкур къызэфтмэ».— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 554

[и] ӀэмыщӀэм илъын

И унафэм щӀэтын.

Псори зи ӀэмыщӀэ илъыр Алыхьыр аращ, – жиӀэри Муси абы [къадым] кӀэлъытэджащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 77

+2 örnek

Якъуб Чопракъ псыхъуэр республикэ щхьэхуэу къилъытэрт, дэтри дэсри езым и ӀэмыщӀэ илъу.— Нал къута, 251

Абдежым кърихьэлӀэу дзэр зезышэри къэсащ, мафӀэр и жьэм къыжьэдэлъэлъу, арщхьэкӀэ псори зи ӀэмыщӀэ дилъ инэралым и цӀэр исӀуэурэ сепсалъэу щызэхихым, зиущэхужащ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 407

ӀэмыщӀэм илъым хуэдэу

Гъунэгъуу, нэӀурыту.

ЗыкъэзыӀэтауэ диным икӀа къомым мэжджытыщӀэм щӀэзу щӀагуащ цӀыхубзымрэ сабиймри, топыр пщӀантӀэм дагъэлъадэщ, пулеметри азэнджапӀэм уеуэнумэ, къеблагъэ.— Кхъэлэгъунэ, 377

[и] ӀэмыщӀэ илъхьэн

Зыгуэрым и унафэм щӀэгъэувэн, зыгуэр зыгуэрым и унафэ щӀын.

[Гъуумар:] Нобэ хэтх кӀэзнэшейм мо гъущӀ ашыч къэтшар и ӀэмыщӀэ итлъхьэнущ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 214

+2 örnek

Культурнэ революцэ дощӀри, ар Мэтхъэным и ӀэмыщӀэ идолъхьэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592

Си дахагъэм нарт лӀыхъужьхэр Си ӀэмыщӀэм кърилъхьэнщ, –ЖиӀэу гуащэм куэд зэрехъэ.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 412

2 deyim daha

[и] ӀэмыщӀэ исын

[Берие Кодоевым жреӀэ:] Умыгузавэ абыхэм щхьэкӀэ. Си ӀэмыщӀэм исщ а зи гугъу пщӀыри… «Ӏы-Ӏы» жаӀэмэ, яхуэфащэ дыхъунщ.— Лъапсэ, 88

Еплъ: [и] ӀэмыщӀэм илъын

[и] ӀэмыщӀэ къихьэн

КъыӀэрыхьэн, ей хъун.

Ар [Нурхьэлий] зылъэӀэсын ахъшэу, и ӀэмыщӀэ къихьэну щыӀэр Гъуумар и гуфӀакӀэм къыдиха къомыр арщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 229

+2 örnek

Ху Ӏэбжьыб уи ныбгъуэм хуэпхъи –Уи ӀэмыщӀэм ар къихьащ.— Зи фыз гурыщхъуэ … Батырыбжьэ, 111

Фызым [Нэху] нэхърэ нэхъыфӀу хэт ищӀэнт и лӀым езым и пщӀэнтӀэпскӀэ къимыхьауэ зы тхылъымпӀэ я ӀэмыщӀэ къызэримыхьар?— Кхъэлэгъунэ, 377

Kitapta geçtiği hali

ӀЭМЫЩӀЭ (51). Ӏэгу зэтелъ, зэтекъуза, ӀэкӀуэцӀ. – Мыращ сэ ахъшэу сиӀэр, –жиӀэри Саримэ и ӀэмыщӀэм илъ ахъшэр иригъэлъэгъуащ [Рахьим лафкӀэтетым]. Хъуэпсэгъуэ нур, 128. Зышхын зимыӀэм и ӀэмыщӀэм Зыгуэр къихъуэну ар мэгугъэ. Псыр гъужыпами… «Батырыбжьэ», Илас ахъшэр и гуфӀакӀэм дилъхьэурэ дэз хъуащи, ахъшэ къэзыгъэзэж къыхихын щхьэкӀэ, ӀэмыщӀэм из къыдэпхыурэ ухэплъыхьын хуейщи, и гуфӀакӀэм ахъшэр къыщыдэлъэлъи къохъу. МелыӀыч, 471. ◊ [И] ӀэмыщӀэ зилъхьэн (1). Зыгуэрым и унафэ щӀэувэн. Езы Жыраслъэни къаплъэрэ, оркестрым Лу хэту къилъагъумэ, зыкъуэт къуэгъэнапӀэм къыкъуэкӀынщи лъэӀуэнщ: «Фи ӀэмыщӀэ зызолъхьэ, Лу, къулыкъуи фхуэсщӀэнщ, мы полъкур къызэфтмэ». Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 554. [И] ӀэмыщӀэм илъын (27). И унафэм щӀэтын. Псори зи ӀэмыщӀэ илъыр Алыхьыр аращ, – жиӀэри Муси абы [къадым] кӀэлъытэджащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 77. Якъуб Чопракъ псыхъуэр республикэ щхьэхуэу къилъытэрт, дэтри дэсри езым и ӀэмыщӀэ илъу. Нал къута, 251. Абдежым кърихьэлӀэу дзэр зезышэри къэсащ, мафӀэр и жьэм къыжьэдэлъэлъу, арщхьэкӀэ псори зи ӀэмыщӀэ дилъ инэралым и цӀэр исӀуэурэ сепсалъэу щызэхихым, зиущэхужащ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 407. ӀэмыщӀэм илъым хуэдэу (1). Гъунэгъуу, нэӀурыту. ЗыкъэзыӀэтауэ диным икӀа къомым мэжджытыщӀэм щӀэзу щӀагуащ цӀыхубзымрэ сабиймри, топыр пщӀантӀэм дагъэлъадэщ, пулеметри азэнджапӀэм уеуэнумэ, къеблагъэ. Кхъэлэгъунэ, 377. [И] ӀэмыщӀэ илъхьэн (9). Зыгуэрым и унафэм щӀэгъэувэн, зыгуэр зыгуэрым и унафэ щӀын. [Гъуумар:] Нобэ хэтх кӀэзнэшейм мо гъущӀ ашыч къэтшар и ӀэмыщӀэ итлъхьэнущ. Хъуэпсэгъуэ нур, 214. Культурнэ революцэ дощӀри, ар Мэтхъэным и ӀэмыщӀэ идолъхьэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 592. Си дахагъэм нарт лӀыхъужьхэр Си ӀэмыщӀэм кърилъхьэнщ, –ЖиӀэу гуащэм куэд зэрехъэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 412. [И] ӀэмыщӀэ исын (1). Еплъ [и] ӀэмыщӀэм илъын. [Берие Кодоевым жреӀэ:] Умыгузавэ абыхэм щхьэкӀэ. Си ӀэмыщӀэм исщ а зи гугъу пщӀыри… «Ӏы-Ӏы» жаӀэмэ, яхуэфащэ дыхъунщ. Лъапсэ, 88. [И] ӀэмыщӀэ къихьэн (4). КъыӀэрыхьэн, ей хъун. Ар [Нурхьэлий] зылъэӀэсын ахъшэу, и ӀэмыщӀэ къихьэну щыӀэр Гъуумар и гуфӀакӀэм къыдиха къомыр арщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 229. Ху Ӏэбжьыб уи ныбгъуэм хуэпхъи –Уи ӀэмыщӀэм ар къихьащ. Зи фыз гурыщхъуэ … «Батырыбжьэ», 111. Фызым [Нэху] нэхърэ нэхъыфӀу хэт ищӀэнт и лӀым езым и пщӀэнтӀэпскӀэ къимыхьауэ зы тхылъымпӀэ я ӀэмыщӀэ къызэримыхьар? Кхъэлэгъунэ, 377.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

avuç

Düzeltme Öner

ӀэмыщӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.