Ӏэл
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
шэнычъ/щэныншэ, шэнынчъ, шэныдж/щэныджэ, шэнкӀэкӀ/щэнкӀэщӀ, тэмакъкӀэщӀ, Ӏалы/Ӏэл, БХАДЖЭ; HUYSUZ (kötü huylu)
Ӏэл/Ӏалы; SALDIRGAN (yabani)
Ӏалы/Ӏэл; YABANİ, VAHŞİ, EHLİLEŞTİRİLMEMİŞ
Ӏалы/Ӏэл → шэнычъ; HUYSUZ (yabani, saldırgan)
Ӏэл/Ӏалы → шэнычъ; HUYSUZ (yabani, saldırgan)
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: шэнычъ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ЦӀыхум къемысауэ, губгъуэм иту, мэзым щӀэту щыт.
рудикий (о животных)
Къурш ажэ Ӏэлхэр игъащтэу, губгъуэ гуэгушхэр хигъэлъэту макӀуэ Уэсмэн.— ХьэхъупащӀэ Амырхъан
2. ӀумпӀафӀэу, Ӏэсэу щымыт, къэубыдыгъуей, Ӏыгъыгъуей (Ӏэщым, нэхъыбэу шым ехьэлӀауэ).
руноровистый (чаще о лошади)
Шы Ӏэл.
3. Бзаджэ, къанлы, ерыщ; зэгъыгъуей, сампӀэимыхьэ.
рунеуправляемый, неистовый (о человеке)
ЛӀы Ӏэл.
4. ЦӀыхухэмыхьэ, цӀыху мыщӀ, псэлъэгъу къыхуэхъунӀауэ зыфӀэмыфӀ.
рунелюдимый, необщительный (о человеке)
Kitapta geçtiği hali
Ӏэл 1. дикий (о животных) / ЦӀыхум къемысауэ, губгъуэм иту, мэзым щӀэту щыт. * Къурш ажэ Ӏэлхэр игъащтэу, губгъуэ гуэгушхэр хигъэлъэту макӀуэ Уэсмэн. Хь. А. 2. норовистый (чаще о лошади) / ӀумпӀафӀэу, Ӏэсэу щымыт, къэубыдыгъуей, Ӏыгъыгъуей (Ӏэщым, нэхъыбэу шым ехьэлӀауэ). Шы Ӏэл. 3. переносное неуправляемый, неистовый (о человеке) / Бзаджэ, къанлы, ерыщ; зэгъыгъуей, сампӀэимыхьэ. ЛӀы Ӏэл. 4. переносное нелюдимый, необщительный (о человеке) / ЦӀыхухэмыхьэ, цӀыху мыщӀ, псэлъэгъу къыхуэхъунӀауэ зыфӀэмыфӀ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. МыӀэсэ, мыгъасэ, къэубыдыгъуей, Ӏыгъыгъуей.
Шыхэри Ӏэлщи, оркестрым щыблэкӀкӀэ, бгъукӀэ зыщӀрагъэхыну, шым тесхэм яшхэр ерагъкӀэ яӀыгъщ.— Щынэхужьыкъуэ, 38
+2 örnek
Е шы Ӏэлыр къиубыдыфу Хэт шым шэсу игъэса?— ГъащӀэм иӀэ къегъэжьапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 63
Мы псы Ӏэлыр Ӏэмалыншэщ, – ЖаӀэу мывэр зэгуауд.— Псым и хьэл. «Вагъуэ махуэ», 341
2. Бзаджэ, къанлы, ерыщ; зэгъыгъуей.
Мэгубжь сигу Ӏэлыр, зешхыхьыж, –Ди адэжь и унэм бийр щӀыхьащ.— Си фочым ӀэплӀэ есшэкӀауэ. «Шум и гъуэгу», 30
+1 örnek
Езы Псэун жыхуэпӀэ щӀалэм Ӏэл дыдэ хъуауэ къигъэзэжат, гущӀэгъуншэу, ерыщу, зыхузэгуэмып щымыӀэу, уеблэмэ уи фэр ӀэбжьанэкӀэ трихын тӀэу еплъынутэкъым.— Къалэн, 434
Kitapta geçtiği hali
ӀЭЛ (9). плъыф. 1. (3). МыӀэсэ, мыгъасэ, къэубыдыгъуей, Ӏыгъыгъуей. Шыхэри Ӏэлщи, оркестрым щыблэкӀкӀэ, бгъукӀэ зыщӀрагъэхыну, шым тесхэм яшхэр ерагъкӀэ яӀыгъщ. Щынэхужьыкъуэ, 38. Е шы Ӏэлыр къиубыдыфу Хэт шым шэсу игъэса? ГъащӀэм иӀэ къегъэжьапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 63. Мы псы Ӏэлыр Ӏэмалыншэщ, – ЖаӀэу мывэр зэгуауд. Псым и хьэл. «Вагъуэ махуэ», 341. 2. (6). Бзаджэ, къанлы, ерыщ; зэгъыгъуей. Мэгубжь сигу Ӏэлыр, зешхыхьыж, –Ди адэжь и унэм бийр щӀыхьащ. Си фочым ӀэплӀэ есшэкӀауэ. «Шум и гъуэгу», 30. Езы Псэун жыхуэпӀэ щӀалэм Ӏэл дыдэ хъуауэ къигъэзэжат, гущӀэгъуншэу, ерыщу, зыхузэгуэмып щымыӀэу, уеблэмэ уи фэр ӀэбжьанэкӀэ трихын тӀэу еплъынутэкъым. Къалэн, 434.