Ӏэбэлъэбэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэӀэбэлъабэ)
1. Унагъуэм, лъапсэм зыгуэр щыщӀэн, щылэжьэн, пэщэщэн.
руделать что-л. (по дому, по хозяйству)
2. КъэӀэбэрэбыхьын, (кӀыфӀым ухэту) зыгуэр ӀэкӀэ къэлъыхъуэн; Ӏэбэрэбэн.
рушарить, нащупывать руками (в темноте)
3. Дыгъуэн, кӀэщэфэщэн.
руворовать, красть
Kitapta geçtiği hali
Ӏэбэлъэбэн (мэӀэбэлъабэ) неперех. гл. 1. делать что-л. (по дому, по хозяйству) / Унагъуэм, лъапсэм зыгуэр щыщӀэн, щылэжьэн, пэщэщэн. 2. шарить, нащупывать руками (в темноте) / КъэӀэбэрэбыхьын, (кӀыфӀым ухэту) зыгуэр ӀэкӀэ къэлъыхъуэн; Ӏэбэрэбэн. 3. переносное воровать, красть / Дыгъуэн, кӀэщэфэщэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэӀэбэлъабэ)
1. Зыгуэр тӀэкӀухэр щӀэн, пэщэщэн.
Бэкъан жиӀэнур имыщӀэу пхъэ лъакъуэр зэхуихьэсыж хуэдэу Ӏэбэлъабэрт, и щхьэр къыфӀэхуарэ и фыз къэгубжьам и нэгу щӀэмыплъэфу.— Къалэн, 431
+1 örnek
ЗэщӀонэ мафӀэу жьэгум дэлъыр, МафӀэ бзий гуащӀэр Ӏэбэлъабэу.— Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35
2. Еплъ: Ӏэбэрэбэн
Куэд дэкӀа, мащӀэ дэкӀа – Сеймэныр къызэщоуж, Ӏэбэлъабэмэ – псым хэлъщ, и анэм къызэрилъхуам хуэдэу пцӀанабзэу.— Лъапсэ, 51
+2 örnek
Ӏэбэлъабэурэ, ерагъыу къэсащ Саружанхэ я мывэ сэрейм, къэсащ и псэр къихьри [Ӏурарэ].— Къалэн, 436
Ӏэбэлъабэм, псыӀэ гуэри ТеӀэбауи лӀым къыфӀощӀ.— Индийскэ поэмэ, 366
3. Дыгъуэн.
Езым мылъку имыӀэу, Ӏэбэлъабэу къэзыкӀухьыр аращ [Жыраслъэн].— Хъуэпсэгъуэ нур, 87
Kitapta geçtiği hali
ӀЭБЭЛЪЭБЭН (мэӀэбэлъабэ) лъэмыӀ. (8). 1. (3). Зыгуэр тӀэкӀухэр щӀэн, пэщэщэн. Бэкъан жиӀэнур имыщӀэу пхъэ лъакъуэр зэхуихьэсыж хуэдэу Ӏэбэлъабэрт, и щхьэр къыфӀэхуарэ и фыз къэгубжьам и нэгу щӀэмыплъэфу. Къалэн, 431. ЗэщӀонэ мафӀэу жьэгум дэлъыр, МафӀэ бзий гуащӀэр Ӏэбэлъабэу. Жьэгу. «Батырыбжьэ», 35. 2. (4). Еплъ Ӏэбэрэбэн. Куэд дэкӀа, мащӀэ дэкӀа – Сеймэныр къызэщоуж, Ӏэбэлъабэмэ – псым хэлъщ, и анэм къызэрилъхуам хуэдэу пцӀанабзэу. Лъапсэ, 51. Ӏэбэлъабэурэ, ерагъыу къэсащ Саружанхэ я мывэ сэрейм, къэсащ и псэр къихьри [Ӏурарэ]. Къалэн, 436. Ӏэбэлъабэм, псыӀэ гуэри ТеӀэбауи лӀым къыфӀощӀ. «Индийскэ поэмэ», 366. 3. (1). Дыгъуэн. Езым мылъку имыӀэу, Ӏэбэлъабэу къэзыкӀухьыр аращ [Жыраслъэн]. Хъуэпсэгъуэ нур, 87.