Ӏыхьэншэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ӏыхьэ зимыӀэу къэна, зылъымыса.
руоставшийся без своей доли, части чего-л.
Улажьэмэ Ӏыхьэншэ ухъуркъым.— Псалъэжьхэр
+1 örnek
Зызыгъэгусэ Ӏыхьэншэщ.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
Ӏыхьэншэ оставшийся без своей доли, части чего-л. / Ӏыхьэ зимыӀэу къэна, зылъымыса. * Улажьэмэ Ӏыхьэншэ ухъуркъым. (погов.) Зызыгъэгусэ Ӏыхьэншэщ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏыхьэ зимыӀэу къэна, зылъымыса.
Зэкъуэш зэшиблыр дызэщхьыр Ӏыхьэншэр аруэ къысфӀощӀыр.— Индийскэ поэмэ, 361
+2 örnek
Дзэм ар [щӀы къазэур къыхуагуэшыну] зэхегъэхи, сыкъыкӀэрохури Ӏыхьэншэ сохъу, жиӀэу пӀащӀэ-тхъытхъыу цӀыхур зэрыхьу кӀуэнущ.— Лыгъэ, 410
[Чачэ:] Сылъэрызехьэу щытыгъам, сэри Ӏыхьэншэ сыхъунт?— Хъуэпсэгъуэ нур, 255
Deyimler (2)
Ӏыхьэншэ зыщӀын
Зыгуэрым зыхэгъэкӀыжын, уи Ӏыхьэ зыгуэрым къыхыумыхын.
Куэд щӀатэкъым Данизэт бэлшэвычым я зэманым «сыкъэрэхьэлъкъ цӀыхубзщ, Бот сыхуэдэ къабзэщ, лӀо си гъукӀэ щхьэгъуэплъым власть щӀыхуэмыфащэр, яфӀэубыд, Бот, бжьыпэр, Ӏыхьэншэ зумыщӀ», – жиӀэу зэрыщытрэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 271
Ӏыхьэншу къэнэн
Ӏыхьэ къылъымысын, и Ӏыхьэ къыхэмыкӀын.
Езы Ботэхи Ӏыхьэншэу къанэркъым: гъавэкӀэ игъэгуфӀам ахъшэкӀэ къагъэгуфӀэж.— Лъапсэ, 97
+2 örnek
Нэхъ хьэщӀэ дыдэу къалъытэр арат гуахъуэ зратар, щхьэ щакъутэкӀэ Ӏыхьэншэу къэбгъанэ хъунтэкъым, жыхуаӀэм хуэдэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588
ЩӀакхъуэ Ӏыхьэншэу сыкъэнами, Бииншэ махуи тхьэм симыщӀ.— ЩӀакхъуэ Ӏыхьэншэу сыкъэнами… Щхьэлыкъуэ, 399
Kitapta geçtiği hali
ӀЫХЬЭНШЭ (7). плъыф. Ӏыхьэ зимыӀэу къэна, зылъымыса. Зэкъуэш зэшиблыр дызэщхьыр Ӏыхьэншэр аруэ къысфӀощӀыр. «Индийскэ поэмэ», 361. Дзэм ар [щӀы къазэур къыхуагуэшыну] зэхегъэхи, сыкъыкӀэрохури Ӏыхьэншэ сохъу, жиӀэу пӀащӀэ-тхъытхъыу цӀыхур зэрыхьу кӀуэнущ. Лыгъэ, 410. [Чачэ:] Сылъэрызехьэу щытыгъам, сэри Ӏыхьэншэ сыхъунт? Хъуэпсэгъуэ нур, 255. ◊ Ӏыхьэншэ зыщӀын (1). Зыгуэрым зыхэгъэкӀыжын, уи Ӏыхьэ зыгуэрым къыхыумыхын. Куэд щӀатэкъым Данизэт бэлшэвычым я зэманым «сыкъэрэхьэлъкъ цӀыхубзщ, Бот сыхуэдэ къабзэщ, лӀо си гъукӀэ щхьэгъуэплъым власть щӀыхуэмыфащэр, яфӀэубыд, Бот, бжьыпэр, Ӏыхьэншэ зумыщӀ», – жиӀэу зэрыщытрэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 271. Ӏыхьэншу къэнэн (3). Ӏыхьэ къылъымысын, и Ӏыхьэ къыхэмыкӀын. Езы Ботэхи Ӏыхьэншэу къанэркъым: гъавэкӀэ игъэгуфӀам ахъшэкӀэ къагъэгуфӀэж. Лъапсэ, 97. Нэхъ хьэщӀэ дыдэу къалъытэр арат гуахъуэ зратар, щхьэ щакъутэкӀэ Ӏыхьэншэу къэбгъанэ хъунтэкъым, жыхуаӀэм хуэдэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 588. ЩӀакхъуэ Ӏыхьэншэу сыкъэнами, Бииншэ махуи тхьэм симыщӀ. ЩӀакхъуэ Ӏыхьэншэу сыкъэнами… «Щхьэлыкъуэ», 399.