Ӏыгъын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ӀЫГЪЫН (ЕӀЫГЪ(ы); TUTMAK 2 (elinde bulundurmak)
ӀЫГЪЫН/ЕПЛЪЫН (еплъы/ йоплъ(ыр); ЕӀЫГЪ(Ы); ИӀЫГЪ(щ); TUTMAK 3 (bakımını yapmak, yetiştirmek)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(еӀыгъ)
1. Ӏэм ӀэщӀэгъэлъын.
рудержать в руках кого-что-л.
Быдэу Ӏыгъын.
2. Зыгуэр зигъэӀэн.
рудержать кого-что-л., владеть кем-чем-л.
Ӏэщ Ӏыгъын.
Kitapta geçtiği hali
Ӏыгъын (еӀыгъ) перех. гл. 1. держать в руках кого-что-л. / Ӏэм ӀэщӀэгъэлъын. Быдэу Ӏыгъын. 2. держать кого-что-л., владеть кем-чем-л. / Зыгуэр зигъэӀэн. Ӏэщ Ӏыгъын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(иӀыгъщ)
1. Ӏэм ӀэщӀэгъэлъын.
Афицарым уэрамым къыщиукӀа гуэгушым и лъакъуэр иӀыгът, гуэгушыр иджыри псэути, и дамэр хьэлъэ-хьэлъэу иутхыпщӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 102
+2 örnek
СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр, СыдэкӀуеяти зэ уафэм.— СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Дамыгъэ», 214
Баш зыӀыгъым иӀыгъщ, зымыӀыгъри ещӀэкъуауэу, уӀэгъэр зэрыпха хъыданыр хьэлэчу сабэм иуауэ елъэф.— Нал къута, 211
2. Зыгуэр зигъэӀэн.
Инал зыщӀэс унэр тӀууэ зэтетт, и щӀагъым окружкомыр щӀэсу, езым этаж етӀуанэм фэтэр щыӀыгът.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672
+2 örnek
Къызэхуэсахэр къыщӀоупщӀэ, игъащӀэкӀэ даӀыгъыну дефта ди гъунэгъум хьэмэ ди хэкум дыкъыгухьэж хъуну, жаӀэри.— Лъапсэ, 74
Зи ныбэ иуэжа шы пцӀэгъуэплъым соплъри, щӀымахуэр къихьэмэ, уэншэку шэщым хущӀэтлъхьэу тӀыгъа шыбзыр арауэ пщӀэжынкъым.— Анка, 383
3. ЗыӀэщӀэмыгъэкӀын, мыутӀыпщын.
Шыхэри Ӏэлщи, оркестрым щыблэкӀкӀэ, бгъукӀэ зыщӀрагъэхыну хуожьэ, шым тесхэм яшхэр ерагъкӀэ яӀыгъщ.— Щынэхужьыкъуэ, 38
+2 örnek
Шэ Ӏэджэ техуэу лъыр щӀэкӀыхукӀэ ЛӀы хахуэм дзэшхуэр иӀыгъащ.— ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 180
Къалэ къащтар «фӀыгъ» жаӀэри дзэм иратри, езыхэр [Къэрэмырзэ сымэ] нэгъуэщӀ ӀэнатӀэ Ӏуувати,
Deyimler (3)
бжьыпэр Ӏыгъын
Еплъ: бжьыпэ
Ӏэщэ зыӀыгъыф
Зэуэф, Ӏэщэ къэзыгъэсэбэпыф.
ЛӀитӀ уэрамым щызэхуэзэмэ, зэхуотхьэусыхэ: «Мыр дауэ, ди ини ди цӀыкӀуи, Ӏэщэ зыӀыгъыфыр зауэм дгъэкӀуащ, нэмыцэр къэсри ди кӀуэцӀыр кърашхыкӀащ, иджы ди кӀэтӀий ди вакъэ лъэпсу дыкъэна пэтрэ, ди унагъуэбжэр худагъэщӀыжыну жаӀэ, Сталиным деж лӀыкӀуэ дгъакӀуэмэ, мынэхъыфӀу пӀэрэ?»— Лъапсэ, 84
Ӏэщэ Ӏыгъын
ЗэщӀэузэдауэ щытын, зэуэным хуэщӀауэ, хуэхьэзыру щытын.
Бийр къыщытеуэм ди унэ, Сэ Ӏэщэ сӀыгъыу сыпежьащ.— Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 62
+2 örnek
Шейхъым и лӀы гъусэхэри къеувэкӀауэ щытщ, Ӏэщэ зэраӀыгъым шэч хэлъкъым, и Ӏэтащхьэм и Ӏэр иӀэтмэ, занщӀэу зыкъуадзыну хьэзырыпсщ.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 404
Уэ Ӏэщэ пӀыгъыу укъэкӀуами, Дэ уэ нэхъ щӀасэ димыӀа.— Лермонтов. «Мывэ хуабэ», 86
Kitapta geçtiği hali
ӀЫГЪЫН (иӀыгъщ) лъэӀ. (377). 1. (334). Ӏэм ӀэщӀэгъэлъын. Афицарым уэрамым къыщиукӀа гуэгушым и лъакъуэр иӀыгът, гуэгушыр иджыри псэути, и дамэр хьэлъэ-хьэлъэу иутхыпщӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 102. СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр, СыдэкӀуеяти зэ уафэм. СӀыгът кхъуей хъурейуэ сэ мазэр. «Дамыгъэ», 214. Баш зыӀыгъым иӀыгъщ, зымыӀыгъри ещӀэкъуауэу, уӀэгъэр зэрыпха хъыданыр хьэлэчу сабэм иуауэ елъэф. Нал къута, 211. 2. (20). Зыгуэр зигъэӀэн. Инал зыщӀэс унэр тӀууэ зэтетт, и щӀагъым окружкомыр щӀэсу, езым этаж етӀуанэм фэтэр щыӀыгът. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672. Къызэхуэсахэр къыщӀоупщӀэ, игъащӀэкӀэ даӀыгъыну дефта ди гъунэгъум хьэмэ ди хэкум дыкъыгухьэж хъуну, жаӀэри. Лъапсэ, 74. Зи ныбэ иуэжа шы пцӀэгъуэплъым соплъри, щӀымахуэр къихьэмэ, уэншэку шэщым хущӀэтлъхьэу тӀыгъа шыбзыр арауэ пщӀэжынкъым. Анка, 383. 3. (15). ЗыӀэщӀэмыгъэкӀын, мыутӀыпщын. Шыхэри Ӏэлщи, оркестрым щыблэкӀкӀэ, бгъукӀэ зыщӀрагъэхыну хуожьэ, шым тесхэм яшхэр ерагъкӀэ яӀыгъщ. Щынэхужьыкъуэ, 38. Шэ Ӏэджэ техуэу лъыр щӀэкӀыхукӀэ ЛӀы хахуэм дзэшхуэр иӀыгъащ. ЛӀыхъужь хъыбар. «Мывэ хуабэ», 180. Къалэ къащтар «фӀыгъ» жаӀэри дзэм иратри, езыхэр [Къэрэмырзэ сымэ] нэгъуэщӀ ӀэнатӀэ Ӏуувати, ◊ Бжьыпэр Ӏыгъын (2). Еплъ бжьыпэ. Ӏэщэ зыӀыгъыф (1). Зэуэф, Ӏэщэ къэзыгъэсэбэпыф. ЛӀитӀ уэрамым щызэхуэзэмэ, зэхуотхьэусыхэ: «Мыр дауэ, ди ини ди цӀыкӀуи, Ӏэщэ зыӀыгъыфыр зауэм дгъэкӀуащ, нэмыцэр къэсри ди кӀуэцӀыр кърашхыкӀащ, иджы ди кӀэтӀий ди вакъэ лъэпсу дыкъэна пэтрэ, ди унагъуэбжэр худагъэщӀыжыну жаӀэ, Сталиным деж лӀыкӀуэ дгъакӀуэмэ, мынэхъыфӀу пӀэрэ?» Лъапсэ, 84. Ӏэщэ Ӏыгъын (7). ЗэщӀэузэдауэ щытын, зэуэным хуэщӀауэ, хуэхьэзыру щытын. Бийр къыщытеуэм ди унэ, Сэ Ӏэщэ сӀыгъыу сыпежьащ. Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 62. Шейхъым и лӀы гъусэхэри къеувэкӀауэ щытщ, Ӏэщэ зэраӀыгъым шэч хэлъкъым, и Ӏэтащхьэм и Ӏэр иӀэтмэ, занщӀэу зыкъуадзыну хьэзырыпсщ. ХьэщӀэ лъапӀэ, 404. Уэ Ӏэщэ пӀыгъыу укъэкӀуами, Дэ уэ нэхъ щӀасэ димыӀа. Лермонтов. «Мывэ хуабэ», 86.