Ӏуэхуншэу
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏуэху, лэжьыгъэ имыӀэу.
Абу-Деруиш жэщи махуи жей жыхуаӀэр имыщӀэу лажьэрт, Ӏуэхуншэу къанэртэкъым.— Кхъэлэгъунэ, 373
+1 örnek
[Къарэжь Хьэкурынэ жреӀэ:] Сэри Ӏуэхуншэу сыкъэкӀуакъым: си фочыжьыр зэӀыхьащи, схуеплъ.— Лъапсэ, 103
Deyimler (1)
Ӏуэхуншэу щысын
Ӏуэху, лэжьыгъэ мыщӀэн, уи ӀитӀыр зэтедзауэ щысын.
Иджы къаутӀыпщами, Ӏуэхуншэу щыскъым, и анэ Думэсарэ Ӏэпыдзлъэпыдзышхуэу иӀэщ, абы ищӀыӀужкӀэ комсомол заданэ къратат лӀыжь-фызыжь зыбжанэ тхылъ яригъэщӀэнуи, ари зэфӀигъэкӀыфащ [Лу].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 501
+2 örnek
ЦӀыхубзхэри Ӏуэхуншэу щысакъым, щӀыхьэху ящӀурэ унэр ятӀэ зэрахьащ, уеблэмэ ятӀэху тӀэкӀуи зыгуэрым къишати, тракӀэжащ.— ГущӀэгъу, 425
Иджыри Дзэшу жьы хъууэ тӀысыжа пэтми, Ӏуэхуншэу щысыфыркъым, Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэу мэӀэуэлъауэри хадэм итщ, зэм жыг еухъуэнщ, зэм къетӀыхь е хущхъуэ ятрекӀэ, пхъэщхьэмыщхьэм хьэпӀацӀэ емыуэн щхьэкӀэ.— КӀапсэ кӀапэ, 7
Kitapta geçtiği hali
ӀУЭХУНШЭУ (10). нареч. Ӏуэху, лэжьыгъэ имыӀэу. Абу-Деруиш жэщи махуи жей жыхуаӀэр имыщӀэу лажьэрт, Ӏуэхуншэу къанэртэкъым. Кхъэлэгъунэ, 373. [Къарэжь Хьэкурынэ жреӀэ:] Сэри Ӏуэхуншэу сыкъэкӀуакъым: си фочыжьыр зэӀыхьащи, схуеплъ. Лъапсэ, 103. ◊ Ӏуэхуншэу щысын (8). Ӏуэху, лэжьыгъэ мыщӀэн, уи ӀитӀыр зэтедзауэ щысын. Иджы къаутӀыпщами, Ӏуэхуншэу щыскъым, и анэ Думэсарэ Ӏэпыдзлъэпыдзышхуэу иӀэщ, абы ищӀыӀужкӀэ комсомол заданэ къратат лӀыжь-фызыжь зыбжанэ тхылъ яригъэщӀэнуи, ари зэфӀигъэкӀыфащ [Лу]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 501. ЦӀыхубзхэри Ӏуэхуншэу щысакъым, щӀыхьэху ящӀурэ унэр ятӀэ зэрахьащ, уеблэмэ ятӀэху тӀэкӀуи зыгуэрым къишати, тракӀэжащ. ГущӀэгъу, 425. Иджыри Дзэшу жьы хъууэ тӀысыжа пэтми, Ӏуэхуншэу щысыфыркъым, Ӏэ дэхьеигъуэ имыӀэу мэӀэуэлъауэри хадэм итщ, зэм жыг еухъуэнщ, зэм къетӀыхь е хущхъуэ ятрекӀэ, пхъэщхьэмыщхьэм хьэпӀацӀэ емыуэн щхьэкӀэ. КӀапсэ кӀапэ, 7.