Ӏуэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Чы хуам, набжэм е нэгъуэщӀым къыхэщӀыкӀауэ Ӏэщ итыпӀэ.
рузагон, баз; скотный двор (огороженный плетнем)
Ӏуэ хун.
+1 örnek
Жэм къишыну Ӏуэм къихьа Диси бжыхьым къыщхьэдоплъых.— Щомахуэ Амырхъан
Kitapta geçtiği hali
Ӏуэ загон, баз; скотный двор (огороженный плетнем) / Чы хуам, набжэм е нэгъуэщӀым къыхэщӀыкӀауэ Ӏэщ итыпӀэ. Ӏуэ хун. * Жэм къишыну Ӏуэм къихьа Диси бжыхьым къыщхьэдоплъых. Щ. Ам.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Ӏэщ итыпӀэ, набжэ сыт хуэдэкӀэ къэхухьауэ
Нанэ жэмыр Ӏуэм ихужыныр и щхьэусыгъуэу щӀэкӀат, сыту жыпӀэмэ абы дзэ Ӏутыжтэкъыми, цӀыху щысу яхуэшхэртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 136
+2 örnek
Ти, Къэрэлъашэ плъагъум и лъакъуитӀыр къыщӀэувэжа хуэдэ, дэпкӀей-къепкӀыхыурэ къехыжа дэнэ къэна, Кулисум и пщӀантӀэм дыхьэри жэмыжь псы емыфауэ Ӏуэм итыр я унэ къихужри и Ӏуэм ириубыдэжащ.— Нэгъуху, 50
ТӀэкӀу дэкӀри жэмыщӀэр лъхуащӀэу гу щылъатэм, Ӏуэр къэхухьатэкъыми, жэщкӀэ нахъутэ пщӀэхэлъу ирапхырт, Ӏуэм къикӀыу мыщхьэрыуэн щхьэкӀэ.— Къалэн, 429
Зауэм гъэр щыхъуахэр щаӀыгъ щӀыпӀэ.
И къуэ ягъэкӀуэдам игъэхъыбару и анэм [Дисэ] къыжриӀэжауэ щытащ здэщыӀэ лъэныкъуэмкӀэ ягъэтӀысахэу лагерхэм щаӀыгъ гуэрхэр зэрыс Ӏуэм къикӀуэсыкӀыну мурад ящӀмэ, нэхъапэ щӀыкӀэ «выщӀэ» ягъашхэ, жери.— ГущӀэгъу, 422
+1 örnek
Яхуми зыхуми я унафэр икӀэщӀыпӀэкӀи ящӀащ, тутнакъым исхэр, щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ жаӀэри, яутӀыпщыжащ, къэрэгъулищыр гъэр ящӀри Ӏуэм яхуащ.— Къалэн, 433
Kitapta geçtiği hali
ӀУЭ I (28). Ӏэщ итыпӀэ, набжэ сыт хуэдэкӀэ къэхухьауэ. Нанэ жэмыр Ӏуэм ихужыныр и щхьэусыгъуэу щӀэкӀат, сыту жыпӀэмэ абы дзэ Ӏутыжтэкъыми, цӀыху щысу яхуэшхэртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 136. Ти, Къэрэлъашэ плъагъум и лъакъуитӀыр къыщӀэувэжа хуэдэ, дэпкӀей-къепкӀыхыурэ къехыжа дэнэ къэна, Кулисум и пщӀантӀэм дыхьэри жэмыжь псы емыфауэ Ӏуэм итыр я унэ къихужри и Ӏуэм ириубыдэжащ. Нэгъуху, 50. ТӀэкӀу дэкӀри жэмыщӀэр лъхуащӀэу гу щылъатэм, Ӏуэр къэхухьатэкъыми, жэщкӀэ нахъутэ пщӀэхэлъу ирапхырт, Ӏуэм къикӀыу мыщхьэрыуэн щхьэкӀэ. Къалэн, 429.
ӀУЭ II (2). Зауэм гъэр щыхъуахэр щаӀыгъ щӀыпӀэ. И къуэ ягъэкӀуэдам игъэхъыбару и анэм [Дисэ] къыжриӀэжауэ щытащ здэщыӀэ лъэныкъуэмкӀэ ягъэтӀысахэу лагерхэм щаӀыгъ гуэрхэр зэрыс Ӏуэм къикӀуэсыкӀыну мурад ящӀмэ, нэхъапэ щӀыкӀэ «выщӀэ» ягъашхэ, жери. ГущӀэгъу, 422. Яхуми зыхуми я унафэр икӀэщӀыпӀэкӀи ящӀащ, тутнакъым исхэр, щхьэж и унэ бжэн лъакъуэ жаӀэри, яутӀыпщыжащ, къэрэгъулищыр гъэр ящӀри Ӏуэм яхуащ. Къалэн, 433.