ӀурыӀэбэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(ӀуроӀэбэ)

1. Зыгуэрым и жаныпӀэм еӀусэн, Ӏэпэр хуэмурэ иригъэкӀуэн.

рупровести рукой по острию чего-л.

ЩӀэгъэщхъуауэ джатэ жаным ӀэкӀи и дзэм ӀуроӀэбэ.— ЩоджэнцӀыкӀу Алий

2. И гугъу щӀын, епсэлъэн.

рутрогать, тревожить, беспокоить кого-л.

КъагурыӀуа хъунт иджыпсту Ахьмэтхъан уӀурыӀэбэ зэрымыхъунур.— Щомахуэ Амырхъан

Kitapta geçtiği hali

ӀурыӀэбэн (ӀуроӀэбэ) неперех. гл. 1. провести рукой по острию чего-л. / Зыгуэрым и жаныпӀэм еӀусэн, Ӏэпэр хуэмурэ иригъэкӀуэн. * ЩӀэгъэщхъуауэ джатэ жаным ӀэкӀи и дзэм ӀуроӀэбэ. Щ. А. 2. переносное трогать, тревожить, беспокоить кого-л. / И гугъу щӀын, епсэлъэн. * КъагурыӀуа хъунт иджыпсту Ахьмэтхъан уӀурыӀэбэ зэрымыхъунур. Щ. Ам.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(ӀуроӀэбэ)

1. Зыгуэрым и жаныпӀэм еӀусэн, Ӏэпэр хуэмурэ иригъэкӀуэн.

Нэхъ къэрабгъэхэр щтэри щӀэпхъуэжат, арщхьэкӀэ кӀэщӀу къагъэзэжри, ӀэпэкӀэ къамэдзэм ӀурыӀэбэу, къамапӀэм еӀусэу, зэдауэу зэхэувэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 182

2. И гугъу щӀын, епсэлъэн.

Бэлшэвычым уаӀурыӀэбэну Ӏэмал зимыӀэщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 631

Kitapta geçtiği hali

ӀУРЫӀЭБЭН (ӀуроӀэбэ) лъэмыӀ. (2). 1. (1). Зыгуэрым и жаныпӀэм еӀусэн, Ӏэпэр хуэмурэ иригъэкӀуэн. Нэхъ къэрабгъэхэр щтэри щӀэпхъуэжат, арщхьэкӀэ кӀэщӀу къагъэзэжри, ӀэпэкӀэ къамэдзэм ӀурыӀэбэу, къамапӀэм еӀусэу, зэдауэу зэхэувэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 182. 2. (1). И гугъу щӀын, епсэлъэн. Бэлшэвычым уаӀурыӀэбэну Ӏэмал зимыӀэщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 631.

Düzeltme Öner

ӀурыӀэбэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.