Ӏупхъуэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
Ӏупхъуэ/Ӏухъу(э); PERDE
Ӏухъу(э)/Ӏупхъуэ; PERDE
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэр (п. п. щхьэгъубжэ, сценэ) ирихуащӀыну Ӏуапхъуэ щэкӀхэкӀ.
рушторы; занавеска; занавес
Kitapta geçtiği hali
Ӏупхъуэ шторы; занавеска; занавес / Зыгуэр (п. п. щхьэгъубжэ, сценэ) ирихуащӀыну Ӏуапхъуэ щэкӀхэкӀ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Щхьэгъубжэ, бжэ с.ху. Ӏуапхъуэ щӀэкӀхэкӀ.
Къуажэбгъум псым и гъунэгъуу мэжджыт тӀэкӀуи дэтт, чы-бжэгъу унэм и кӀыхьагъыр и кӀыхьагъыу, кӀэлындор Ӏуту, бгъэни телъу, щхьэгъубжэхэм щӀыхуу ла Ӏупхъуэ яӀулъу.— Лъапсэ, 57
2. НэӀулъ.
Революцэ щӀащӀыр цӀыхур ирагъэджэну, щӀэныгъэ ирагъэгъуэтыну аращ, цӀыхум я нэм Ӏулъ Ӏупхъуэ фӀыцӀэр ягъэсу, нэху ирагъэлъагъуну аращ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656
+1 örnek
Кулисум зыгъэгузавэр Хъуцэ нэгъуху хъуауэ, пшапэр зэрызэхэуэу и нитӀым Ӏупхъуэ гуэр къыӀуидзэрти, хъыджэбз дахэ дыдэ цӀыкӀур ӀэпэкӀэ къешэкӀын хуей хъуати аращ.— Нэгъуху, 33
3. Сценэ гупэм Ӏуах-Ӏуалъхьэу къеубгъуха щэкӀхэкӀышхуэ.
Жыраслъэнхэ я шэщышхуэу щытам лъагапӀэ гуэр щӀащӀыхьат, сценэ пэлъытэу, Ӏупхъуэ ящӀырт, бжэ халъхьэрт, лэчкӀэ лапхъэр ялэрт…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627
+1 örnek
Щащыху пӀащӀиплӀу зэгуэда Ӏупхъуэр зэхуащӀыжами, цӀыхур щым хъуауэ щыст, ялъэгъуар яхуэмыгъэщӀагъуэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669
Kitapta geçtiği hali
ӀУПХЪУЭ (12). 1. (1). Щхьэгъубжэ, бжэ с.ху. Ӏуапхъуэ щӀэкӀхэкӀ. Къуажэбгъум псым и гъунэгъуу мэжджыт тӀэкӀуи дэтт, чы-бжэгъу унэм и кӀыхьагъыр и кӀыхьагъыу, кӀэлындор Ӏуту, бгъэни телъу, щхьэгъубжэхэм щӀыхуу ла Ӏупхъуэ яӀулъу. Лъапсэ, 57. 2. (2). НэӀулъ. Революцэ щӀащӀыр цӀыхур ирагъэджэну, щӀэныгъэ ирагъэгъуэтыну аращ, цӀыхум я нэм Ӏулъ Ӏупхъуэ фӀыцӀэр ягъэсу, нэху ирагъэлъагъуну аращ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 656. Кулисум зыгъэгузавэр Хъуцэ нэгъуху хъуауэ, пшапэр зэрызэхэуэу и нитӀым Ӏупхъуэ гуэр къыӀуидзэрти, хъыджэбз дахэ дыдэ цӀыкӀур ӀэпэкӀэ къешэкӀын хуей хъуати аращ. Нэгъуху, 33. 3. (9). Сценэ гупэм Ӏуах-Ӏуалъхьэу къеубгъуха щэкӀхэкӀышхуэ. Жыраслъэнхэ я шэщышхуэу щытам лъагапӀэ гуэр щӀащӀыхьат, сценэ пэлъытэу, Ӏупхъуэ ящӀырт, бжэ халъхьэрт, лэчкӀэ лапхъэр ялэрт… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627. Щащыху пӀащӀиплӀу зэгуэда Ӏупхъуэр зэхуащӀыжами, цӀыхур щым хъуауэ щыст, ялъэгъуар яхуэмыгъэщӀагъуэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 669.