Ӏумпэм щӀын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Гурымыхь къыпщыхъун, зэмыпэсын, зыщыдзеин.
Гуэбэшы зэрымэздэгу адыгэр къыщащӀэм, чыристанщ, жаӀэри, псоми Ӏумпэм къащӀащ, ара мыгъуэт езыри зыхуэмейр.— Хъуэпсэгъуэ нур, 173
+2 örnek
Хужьым фӀыцӀэр ещӀ Ӏумпэми, Дахэ-дахэу зэблэмыкӀ.— ГъащӀэм иӀэ къегъэжьапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 63
Апхуэдизу цӀыхум Ӏумпэм къащӀын щӀэхъуар езым [Дахэуэс] ещӀэж, арщхьэкӀэ хущӀегъуэжа фэр зытригъауэркъым.— ГущӀэгъу, 420
Kitapta geçtiği hali
ӀУМПЭМ ЩӀЫН (9). Гурымыхь къыпщыхъун, зэмыпэсын, зыщыдзеин. Гуэбэшы зэрымэздэгу адыгэр къыщащӀэм, чыристанщ, жаӀэри, псоми Ӏумпэм къащӀащ, ара мыгъуэт езыри зыхуэмейр. Хъуэпсэгъуэ нур, 173. Хужьым фӀыцӀэр ещӀ Ӏумпэми, Дахэ-дахэу зэблэмыкӀ. ГъащӀэм иӀэ къегъэжьапӀэ. «Вагъуэ махуэ», 63. Апхуэдизу цӀыхум Ӏумпэм къащӀын щӀэхъуар езым [Дахэуэс] ещӀэж, арщхьэкӀэ хущӀегъуэжа фэр зытригъауэркъым. ГущӀэгъу, 420.