Ӏулъхьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(Ӏуелъхьэ)
1. Зыгуэрым и гупэм, ӀуплъапӀэм деж зыгуэр щыгъэтӀылъын.
руположить что-л. где-л., около чего-л. спереди
Псы Ӏуфэм яхьри къэпым илъу Ӏуалъхьащ {Хъуэжэ}, яубэрэжьу псым хадзэжыну.— ӀуэрыӀуатэ
2. Ӏугъэувэн, хэгъэувэн (п. п. рамэм абдж).
рувставить что-л. во что-л. (напр. стекло)
Щхьэгъубжэ Ӏулъхьэн. Дзэ Ӏулъхьэн.
3. Зыгуэр зыгуэрым ӀупӀэн, зыгуэрым ехьэлӀэн.
руприложить что-л. к чему-л. спереди (напр. руку к лицу)
Пщащэр цӀыплъ къэхъуати, и Ӏэр и нэкӀум Ӏуилъхьэри къэпсэлъащ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
Ӏулъхьэн (Ӏуелъхьэ) перех. гл. 1. положить что-л. где-л., около чего-л. спереди / Зыгуэрым и гупэм, ӀуплъапӀэм деж зыгуэр щыгъэтӀылъын. * Псы Ӏуфэм яхьри къэпым илъу Ӏуалъхьащ {Хъуэжэ}, яубэрэжьу псым хадзэжыну. фольк. 2. вставить что-л. во что-л. (напр. стекло) / Ӏугъэувэн, хэгъэувэн (п. п. рамэм абдж). Щхьэгъубжэ Ӏулъхьэн. Дзэ Ӏулъхьэн. 3. приложить что-л. к чему-л. спереди (напр. руку к лицу) / Зыгуэр зыгуэрым ӀупӀэн, зыгуэрым ехьэлӀэн. * Пщащэр цӀыплъ къэхъуати, и Ӏэр и нэкӀум Ӏуилъхьэри къэпсэлъащ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(Ӏуелъхьэ)
1. Зыгуэрым и гупэм зыгуэр щыгъэтӀылъын.
Алэрыбгъур бжэӀупэм Ӏуалъхьэрэ нысэишэ ящӀмэ, нысащӀэр алэрыбгъу лъагъуэм тету и лэгъунэм щӀашэ, къафэу, фочыр ягъауэу, уэредадэри жаӀэу.— Лъапсэ, 54
2. Зыгуэр зыгуэрым ӀупӀэн, зыгуэрым ехьэлӀэн.
Жыраслъэн занщӀэу и шым зридзри, жэрыгъэкӀэ ӀукӀыжащ, лъыр къызэрыж и жьафэм бэлътоку Ӏуилъхьауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 118
+2 örnek
Къилъэту си гур, сыпӀащӀэу Сыныдыхьэнкъэ ди пщӀантӀэм, Зэ сыфӀуплъэныр гуращэу Ӏуслъхьэнщ щхьэгъубжэм си натӀэр— Гупсысэ. «Шум и гъэугу», 66
Телефоныр игъэкӀэрахъуэри трубкэр и тхьэкӀумэм Ӏуилъхьащ [Нахъуэ], хуабжьу зигъэбжьыфӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513
Kitapta geçtiği hali
ӀУЛЪХЬЭН (Ӏуелъхьэ) лъэӀ. (5). 1. (1). Зыгуэрым и гупэм зыгуэр щыгъэтӀылъын. Алэрыбгъур бжэӀупэм Ӏуалъхьэрэ нысэишэ ящӀмэ, нысащӀэр алэрыбгъу лъагъуэм тету и лэгъунэм щӀашэ, къафэу, фочыр ягъауэу, уэредадэри жаӀэу. Лъапсэ, 54. 2. (4). Зыгуэр зыгуэрым ӀупӀэн, зыгуэрым ехьэлӀэн. Жыраслъэн занщӀэу и шым зридзри, жэрыгъэкӀэ ӀукӀыжащ, лъыр къызэрыж и жьафэм бэлътоку Ӏуилъхьауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 118. Къилъэту си гур, сыпӀащӀэу Сыныдыхьэнкъэ ди пщӀантӀэм, Зэ сыфӀуплъэныр гуращэу Ӏуслъхьэнщ щхьэгъубжэм си натӀэр. Гупсысэ. «Шум и гъэугу», 66. Телефоныр игъэкӀэрахъуэри трубкэр и тхьэкӀумэм Ӏуилъхьащ [Нахъуэ], хуабжьу зигъэбжьыфӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513.