Ӏулъхьэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ӀУЛЪХЬЭ, дзакъэгъуэ/цӀэкъэгъу; LOKMA 1
дзакъэгъуэ/цӀэкъэгъу, ӀУЛЪХЬЭ; LOKMA 1
цӀэкъэгъу/дзакъэгъуэ, ӀУЛЪХЬЭ; LOKMA 1
ӀУЛЪХЬЭ, КЪУАЛЪХЬЭ; LOKMA 2, RÜŞVET
КЪУАЛЪХЬЭ; ӀУЛЪХЬЭ; LOKMA 2 (rüşvet)
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Шхын зэ жьэдэлъхьэгъуэ, дзэкъэгъуэ.
рукусочек (пищи)
Ӏулъхьэ ямыӀэу унагъуэр зэхэст.
+1 örnek
ЩӀалэ цӀыкӀум зы мэрамысэ Ӏулъхьэ къищтэри, щӀыбагъым дэлъ хьэм щритым, зэрыӀухуэу къэукӀурийри лӀащ.— Черкес таурыхъхэр
Зыгуэр зэрыпаупщӀым и дзэм Ӏуагъажьэ гъущӀхэкӀ быдэ.
руприпайка к режущей части чего-л. (напр. тяпки)
Джыдэм Ӏулъхьэ Ӏурагъэлъхьащ.
Хабзэм емызэгъ гуэр зыхурагъэщӀэн мурадкӀэ къулыкъущӀэм ират ахъшэ, хьэпшып с. ху.
рувзятка
Хабзэ жыхуаӀэм Ди Ӏуэхур щымыкӀуэ, Мылъкур тфӀэкӀуэдами Ӏулъхьэр тыдолъхьэжыр .— Къэбэрдей поэзием и антологие
Bu maddedeki ifadeler (3)
Ӏулъхьэ къеӀыхын
рубрать взятки.
Ӏулъхьэ тын
рудать взятку.
ӀулъхьэкӀэ къэубыдын
руподкупить взятками.
Kitapta geçtiği hali
Ӏулъхьэ I кусочек (пищи) / Шхын зэ жьэдэлъхьэгъуэ, дзэкъэгъуэ. Ӏулъхьэ ямыӀэу унагъуэр зэхэст. * ЩӀалэ цӀыкӀум зы мэрамысэ Ӏулъхьэ къищтэри, щӀыбагъым дэлъ хьэм щритым, зэрыӀухуэу къэукӀурийри лӀащ. Черк. таур. II к.-з. припайка к режущей части чего-л. (напр. тяпки) / Зыгуэр зэрыпаупщӀым и дзэм Ӏуагъажьэ гъущӀхэкӀ быдэ. Джыдэм Ӏулъхьэ Ӏурагъэлъхьащ. III взятка / Хабзэм емызэгъ гуэр зыхурагъэщӀэн мурадкӀэ къулыкъущӀэм ират ахъшэ, хьэпшып с. ху. * Хабзэ жыхуаӀэм Ди Ӏуэхур щымыкӀуэ, Мылъкур тфӀэкӀуэдами Ӏулъхьэр тыдолъхьэжыр . Къэб. п. и ант. Ӏулъхьэ къеӀыхын брать взятки. Ӏулъхьэ тын дать взятку. ӀулъхьэкӀэ къэубыдын подкупить взятками.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым и фейдэ зыхэлъ Ӏуэхутхьэбзэ гуэр зыхуригъэщӀэн щхьэкӀэ къулыкъущӀэ гуэрым ирит ахъшэ, хьэпшып с.ху. К
уэд хъурт цӀыхум [налогыу] тралъхьар, тхьэусыхэр куэдт, Нурхьэлий Ӏулъхьэ къыкӀэщӀэзыдзэну зыфӀэфӀи щыӀэт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 217
+2 örnek
Хэт сенатор мыӀумпӀафӀэр, Иратамэ доллар Ӏулъхьэу?— Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 132
ЛӀам и пӀэ ихьэщ дыгъужьри, Хъуащ Ӏулъхьэ мардэр тӀурытӀ.— Зи мет зыхъуэжым. «Батырыбжьэ», 121
Kitapta geçtiği hali
ӀУЛЪХЬЭ (13). Зыгуэрым и фейдэ зыхэлъ Ӏуэхутхьэбзэ гуэр зыхуригъэщӀэн щхьэкӀэ къулыкъущӀэ гуэрым ирит ахъшэ, хьэпшып с.ху. Куэд хъурт цӀыхум [налогыу] тралъхьар, тхьэусыхэр куэдт, Нурхьэлий Ӏулъхьэ къыкӀэщӀэзыдзэну зыфӀэфӀи щыӀэт. Хъуэпсэгъуэ нур, 217. Хэт сенатор мыӀумпӀафӀэр, Иратамэ доллар Ӏулъхьэу? Сомрэ долларрэ. «Партыр ди пашэу», 132. ЛӀам и пӀэ ихьэщ дыгъужьри, Хъуащ Ӏулъхьэ мардэр тӀурытӀ. Зи мет зыхъуэжым. «Батырыбжьэ», 121.