Ӏугъэувэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Kitapta geçtiği hali
Ӏугъэувэн каузатив к Ӏуувэн / Ӏуувэн псалъэм и каузатив. Гум гупхэӀут Ӏугъэувэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(Ӏуегъэувэ)
ЛэжьапӀэ гъэувын, етын.
Жыраслъэн и нэгум мащӀэ щӀэкӀа, мащӀи хэта, сыт ищӀами къыхуагъэгъури Налшык дэт тутнакъэщым Ӏуагъэуващ, мыбы щӀэсым и нэхъыбитӀыр дэзыгъэхуэхар уэращи, иджы гъуэгу тэмэм тегъэувэж, жаӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515
+1 örnek
Пщэдджыжьым жьыуэ Камизэхэ я нысэр къызэрысу Тамарэ тхьэмыщкӀэм ешхыдащ, си Ӏизыншэу хэт уэ лэжьапӀэм уӀузыгъэувар жиӀэри.— Лъапсэ, 99
Kitapta geçtiği hali
ӀУГЪЭУВЭН (Ӏуегъэувэ) лъэӀ. (4). ЛэжьапӀэ гъэувын, етын. Жыраслъэн и нэгум мащӀэ щӀэкӀа, мащӀи хэта, сыт ищӀами къыхуагъэгъури Налшык дэт тутнакъэщым Ӏуагъэуващ, мыбы щӀэсым и нэхъыбитӀыр дэзыгъэхуэхар уэращи, иджы гъуэгу тэмэм тегъэувэж, жаӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 515. Пщэдджыжьым жьыуэ Камизэхэ я нысэр къызэрысу Тамарэ тхьэмыщкӀэм ешхыдащ, си Ӏизыншэу хэт уэ лэжьапӀэм уӀузыгъэувар жиӀэри. Лъапсэ, 99.