ӀугъэзыкӀыжын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(ӀуегъэзыкӀыж)
Зэуэ зыгуэрым бгъэдэкӀыжын, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ унэтӀыжын.
Цыг-г-г-г, – жиӀэри Мэзан зигъэбэлыхьу ӀуигъэзыкӀыжащ, сэ щхьэ фыкъыздэмыплъейрэ жыхуиӀэу.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 481
+1 örnek
КъулыкъущӀэм, къызэплъа фӀэкӀа, псалъэ жиӀакъым, сэ езым сеупщӀын хуей пэтрэ, езыр сэ къызэупщӀу щхьэ къысщхьэщыт, жиӀэу зэгуэпагъэнти, къэзмыгъэгубжьу ӀузгъэзыкӀыжащ.— МелыӀыч, 450
Kitapta geçtiği hali
ӀУГЪЭЗЫКӀЫЖЫН (ӀуегъэзыкӀыж) лъэмыӀ. (2). Зэуэ зыгуэрым бгъэдэкӀыжын, нэгъуэщӀ щӀыпӀэкӀэ унэтӀыжын. Цыг-г-г-г, – жиӀэри Мэзан зигъэбэлыхьу ӀуигъэзыкӀыжащ, сэ щхьэ фыкъыздэмыплъейрэ жыхуиӀэу. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 481. КъулыкъущӀэм, къызэплъа фӀэкӀа, псалъэ жиӀакъым, сэ езым сеупщӀын хуей пэтрэ, езыр сэ къызэупщӀу щхьэ къысщхьэщыт, жиӀэу зэгуэпагъэнти, къэзмыгъэгубжьу ӀузгъэзыкӀыжащ. МелыӀыч, 450.