Ӏисраф

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Bu maddedeki ifadeler (2)

Ӏисраф хъун

руприходить в негодность, портиться.

Ӏисраф щӀын

ру1) привести в негодность, испортить что-л. 2) растратить что-л.

Kitapta geçtiği hali

Ӏисраф Ӏисраф хъун приходить в негодность, портиться. Ӏисраф щӀын 1) привести в негодность, испортить что-л. 2) растратить что-л.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Deyimler (5)

Ӏисраф зэрыгъэхъун

ЗэрыгъэкӀуэдын, зыр адрейм зэран хуэхъун.

[Къыдырым:] Мо щэхурыпхъуэ къомыр кхъухьым ибгъэтӀысхьэрэ епшажьэмэ, зэрышхыурэ Ӏисраф зэрымыгъэхъуну хэт и фӀэщ хъун? Иным цӀыкӀур зыӀуридзэурэ иным фӀэкӀ къэмынэжыху яшха нэужь, иныжьхэм зызэрадзынщи, ахэри Ӏисраф зэрыгъэхъунщ, зым зыр ещэурэ.— Кхъухь пхэнж, 502

Ӏисраф зэтещӀэн

Куэд (псори) Ӏисраф щӀын.

Ари [гъуэмылэр] къащӀыныжу щыкӀуэди къэхъурт [Истамбыл кӀуэхэр], «Нусреддин-Бахъры» жыхуаӀэ кхъухьым ещхьу, хыр къэукъубейрэ кхъухьыр псы Ӏуфэ мывалъэм къытридзэрэ иса цӀыху щищ-щиплӀыр Ӏисраф зэтрищӀэу.— Лъапсэ, 40

Ӏисраф хъун

ЗэӀыхьэн, кӀуэдын, хьэлэч хъун

Гъэр гъейти, цӀыхур Ӏисраф хъурт, шхын щхьэкӀэ лӀэуэ.— Щынэхужьыкъуэ, 9

+2 örnek

Хъарбыз хадэм уэр къытехуэу ИремыхъукӀэ зэи Ӏисраф.— Уузыншэм! сэ жызоӀэ. «Мывэ хуабэ», 19

Фызыр псым хэлъадэри архъуанэм иджэрэзыхьу псым хэлъ адакъэр къыхилъэфыжри зейм деж къихьыжащ: – Уи адакъэжьыр Ӏисраф хъу пэтащ, – жиӀэри.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 491

Ӏисраф хэхъухьын

ЗыщӀыпӀэ Ӏисраф щыхъун.

Шуудзэр зымыдэми жаӀэн ягъуэтырт: иджырей зауэм шум щахузэфӀэкӀышхуэ щыӀэкъым, танкымрэ авиацэмрэ куэдщи, шур Ӏисраф хэхъухьынущ, абы нэхърэ, щымыхъунукӀэ, лъэс дивизэ зэхэдвгъашэ, жаӀэу.— Щынэхужьыкъуэ, 40

Ӏисраф щӀын

ЗэӀыгъэхьэн, гъэкӀуэдын, хьэлэч щӀын.

Гуп щхьэхуэу Якъуб гъуэгум къытринэу нэмыцэм Ӏисраф ящӀар НКВД-м я дзэм щыщти, ар и гум техуэртэкъым [Бахъуэм], щхьэ дэмыӀэпыкъуарэ, жиӀэу.— Нал къута, 262

+2 örnek

Махуэ зырызу гъащӀэ тӀэкӀур Уэлбанэм, жьыбгъэм ящӀ Ӏисраф, Е уэшх хуэлӀауэ си жыг хадэм Уэшхыпсым хуэдэу псыр зыщӀаф.— Си лъэрыгъыпсыр зыӀыгъауэ. «Батырыбжьэ», 58

[Борис Борисович:] ЕужьэрэкӀ [Гесиод], уи мэлыр хьэм Ӏисраф ямыщӀ щӀыкӀэ.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 159

Kitapta geçtiği hali

ӀИСРАФ: ◊ Ӏисраф зэрыгъэхъун (2). ЗэрыгъэкӀуэдын, зыр адрейм зэран хуэхъун. [Къыдырым:] Мо щэхурыпхъуэ къомыр кхъухьым ибгъэтӀысхьэрэ епшажьэмэ, зэрышхыурэ Ӏисраф зэрымыгъэхъуну хэт и фӀэщ хъун? Иным цӀыкӀур зыӀуридзэурэ иным фӀэкӀ къэмынэжыху яшха нэужь, иныжьхэм зызэрадзынщи, ахэри Ӏисраф зэрыгъэхъунщ, зым зыр ещэурэ. Кхъухь пхэнж, 502. Ӏисраф зэтещӀэн (1). Куэд (псори) Ӏисраф щӀын. Ари [гъуэмылэр] къащӀыныжу щыкӀуэди къэхъурт [Истамбыл кӀуэхэр], «Нусреддин-Бахъры» жыхуаӀэ кхъухьым ещхьу, хыр къэукъубейрэ кхъухьыр псы Ӏуфэ мывалъэм къытридзэрэ иса цӀыху щищ-щиплӀыр Ӏисраф зэтрищӀэу. Лъапсэ, 40. Ӏисраф хъун (15). ЗэӀыхьэн, кӀуэдын, хьэлэч хъун. Гъэр гъейти, цӀыхур Ӏисраф хъурт, шхын щхьэкӀэ лӀэуэ. Щынэхужьыкъуэ, 9. Хъарбыз хадэм уэр къытехуэу ИремыхъукӀэ зэи Ӏисраф. «Уузыншэм!» сэ жызоӀэ. «Мывэ хуабэ», 19. Фызыр псым хэлъадэри архъуанэм иджэрэзыхьу псым хэлъ адакъэр къыхилъэфыжри зейм деж къихьыжащ: – Уи адакъэжьыр Ӏисраф хъу пэтащ, – жиӀэри. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 491. Ӏисраф хэхъухьын (2). ЗыщӀыпӀэ Ӏисраф щыхъун. Шуудзэр зымыдэми жаӀэн ягъуэтырт: иджырей зауэм шум щахузэфӀэкӀышхуэ щыӀэкъым, танкымрэ авиацэмрэ куэдщи, шур Ӏисраф хэхъухьынущ, абы нэхърэ, щымыхъунукӀэ, лъэс дивизэ зэхэдвгъашэ, жаӀэу. Щынэхужьыкъуэ, 40. Ӏисраф щӀын (7). ЗэӀыгъэхьэн, гъэкӀуэдын, хьэлэч щӀын. Гуп щхьэхуэу Якъуб гъуэгум къытринэу нэмыцэм Ӏисраф ящӀар НКВД-м я дзэм щыщти, ар и гум техуэртэкъым [Бахъуэм], щхьэ дэмыӀэпыкъуарэ, жиӀэу. Нал къута, 262. Махуэ зырызу гъащӀэ тӀэкӀур Уэлбанэм, жьыбгъэм ящӀ Ӏисраф, Е уэшх хуэлӀауэ си жыг хадэм Уэшхыпсым хуэдэу псыр зыщӀаф. Си лъэрыгъыпсыр зыӀыгъауэ. «Батырыбжьэ», 58. [Борис Борисович:] ЕужьэрэкӀ [Гесиод], уи мэлыр хьэм Ӏисраф ямыщӀ щӀыкӀэ. Тепщэч къэзылъэтыхь, 159.

Düzeltme Öner

Ӏисраф
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.