Ӏей

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

çirkin
DoğuӀей
BatıӀае
fena
OrtakбзаджэцӀапӀэхьалэч
DoğuӀейдейхьэлэч
Batıе (йэ)Ӏаедэи
Kitapta geçtiği hali

Ӏае/Ӏей; ÇİRKİN, FENA, KÖTÜ,

Ӏей/Ӏае; ÇİRKİN, FENA, KÖTÜ,

Е (йэ), Ӏае/Ӏей, дэи/дей, БЗАДЖЭ, ЦӀАПӀЭ, ХЬАЛЭЧ/ХЬЭЛЭЧ; FENA, ÇİRKİN, KÖTÜ, BERBAT

Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

МыхъумыщӀэ, мыщӀагъуэ, къемызэгъ, фейцей.

руплохой, дурной, неприятный (напр. о запахе)

Ӏей пщӀауэ фӀы ущымыгугъ.— Псалъэжьхэр

+1 örnek

Ӏей мыхъу фӀы хъужкъым.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (1)

Ӏейм хуэкӀуэн

руклониться не к добру.

Kitapta geçtiği hali

Ӏей плохой, дурной, неприятный (напр. о запахе) / МыхъумыщӀэ, мыщӀагъуэ, къемызэгъ, фейцей. * Ӏей пщӀауэ фӀы ущымыгугъ. (погов.) Ӏей мыхъу фӀы хъужкъым. (погов.) Ӏейм хуэкӀуэн клониться не к добру.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. МыхъумыщӀэ, мыщӀагъуэ, къемызэгъ, мыфӀ.

Фыз ябгэр кӀэбгъу ищӀу щыдэкӀыжакӀэ, мурад Ӏей гуэр ищӀат, Дисэ фыз къэрабгъэхэм ящыщтэкъым, жиӀам пхутекӀынутэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 140

+2 örnek

Къэхъуар зи нэгу щӀэкӀа Ӏэджэми Бахъуэр япкърыупщӀыхьащ, арщхьэкӀэ Локотош щхьэкӀэ псалъэ Ӏей жызыӀа къахэкӀакъым.— Нал къута, 262

А емынэунэм и гугъу фымыщӀ, пщӀыхьэпӀэ Ӏей флъагъунщ, жаӀэу щымэхъашэт Къэрэмырзэ, имыгъэшынэ щымыӀэу.— Лыгъэ, 408

2. МыщӀагъуэ гуэр, мыфӀ гуэр.

[Бэлацэ:] Бгъэжьыр уи пашэм, къуршым урешэ, къуанщӀэр уи пашэм Ӏейм ухуешэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 126

+2 örnek

Ӏейр зи ӀэщӀагъэм егъэпщкӀур, ФӀы зыщӀэм ищӀэр сэтейщ, Зумылъэфыхьыт фӀы пщӀэнум, ФӀыщ къытенэнур дунейм.— Мэзыр хамысэу къэкӀакъэ. «Дамыгъэ», 217

[Къетау:] – ФӀымрэ Ӏеймрэ зы бжьыхьэкӀэм тесщ, жаӀакъэ.— Лъапсэ, 62

3. Балигъ мыхъуам, кърамыдзэ, Ӏумпэм ящӀ хуэдэу, хужаӀэ.

[Бэлацэ и къуэхэм щхьэкӀэ:] Дауэ щыту пӀэрэ езы Ӏейхэр?— Хъуэпсэгъуэ нур, 298

+2 örnek

[Кулисум ипхъу цӀыкӀу Хъуцэ щхьэкӀэ:] – Мыдэ зэ къыспэщӀэгъахуэ а Ӏейр – алыхь, и лъакъуэр зэпызмыщӀыкӀым.— Нэгъуху, 48

– Плъагъуркъэ а Ӏейр, –жиӀэри Сосрыкъуэ и жьэм имыщӀэххэу къыжьэдэхуащ [Аркашэ щхьэкӀэ].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 611

Deyimler (9)

Ӏей игу имылъын

Зэран хъуну, мыхъумыщӀагъэ илэжьыну хэмытын.

Рэхьим зэпхыдэӀукӀри, къагъэкъуаншэу зэхихатэкъыми, и гур нэхъыфӀ хъуащ: – Сигу Ӏей зэримылъыр уэри уощӀэ, Дисэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 141

+1 örnek

Нобэ фӀы пхуэщӀэнумэ, пщэдей умыхь, жаӀэу псалъэжьыр и гум къэкӀыжати, и нэгум ущӀэплъэмэ, къэпщӀэнут абы и гум Ӏей зэримылъыр.— Лъапсэ, 59

Ӏей игу хуимылъын

Зыгуэрым зэран ухуэхъуну, и Ӏей зепхуэну ухэмытын.

Инал и гум абы Ӏей хуилъу щытамэ, жылэр шэсу фыуви Жыраслъэн къефшэлӀэж, жиӀэнтэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652

Ӏей дыдэ хъун

И узыншагъэкӀэ, и теплъэкӀэ хуабжьу екӀэкӀуэн.

Фыз къамылыфэ нэжэгужэу япэм илъагъуу щыта Ӏузизэ иджы Ӏей дыдэ хъуауэ, и ныбэр лъагэу, и нэ дахитӀу щытари иуэжауэ хэлът.— Хъуэпсэгъуэ нур, 69

[и] Ӏей жыӀэн

Зыгуэрым хуэпсэлъэн, зыгуэр убын.

Мы ерыщым [Жыраслъэн] и Ӏей жысӀэмэ, иджыблагъэ шыгъажэм къащытежа си шы жэр дэгъуэр си пщӀантӀэм дигъэбзэхыкӀынщ, жиӀэу старшынэр гузавэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 87

5 deyim daha

Ӏей къэхъун

Нэхъ лъэрымыхь хъун (сымаджэр).

Тамарэ сызэрыхуэзэу, псори къызжиӀэжынущ, къызжимыӀэжми, и нэгум сыщӀэплъэмэ, занщӀэу къызощӀэ [сымаджэр] Ӏей къэхъуами фӀы къэхъуами.— Лъапсэ, 43

[и] Ӏей фӀэкӀа жымыӀэн

Зыгуэр зэпымыууэ убын, хуэпсэлъэн.

ЛатӀифэ… студентхэр нэ жагъуэкӀэ къызигъэплъыну иужь итщ, къахуэзэмэ, си Ӏей фӀэкӀа сифӀ лъэпкъ жиӀэнукъым, щӀалэгъуалэми яфэфӀыххэкъым абы сиубу.— Лъапсэ, 9

Ӏей хъун

И теплъэр екӀэкӀуэн, гъур, фагъуэ хъун.

Локотош Ӏей хъуа къудейтэкъым, езыри нэгъуэщӀ зыгуэр зэрыхъуар ӀупщӀт, япэм къибыргъукӀыу, нэжэгужэу, лъагъугъуафӀэу зэрыщытам хуэдэжтэкъым.— Нал къута, 241

ӀейкӀэ [и] ужь итын

Зыгуэрым и Ӏей зехуэн, зэран ухуэхъуну ухэтын.

[Степан Ильич Инал къыжреӀэ:] Мэтхъэныр уи ужь ӀейкӀэ къитынкъым. Сыт хуэдэ Ӏуэхуи и пщэ дэлъхьэ – зэфӀигъэкӀынщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529

ӀейкӀэ [и] цӀэр Ӏун

ЦӀыхум хъыбар ӀейкӀэ яхэӀуэн.

[Думэсарэ:] Алыхь, Елдар и цӀэ ӀейкӀэ Ӏууэ сыхуэмей!— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542

+1 örnek

А цӀыхубзым [Борей Пыжьынэ] и цӀэ ӀейкӀэ щыӀуар и анэ шыпхъу зи щхьэ закъуэ-зи лъакъуитӀу псэуар лӀа нэужьщ.— Лъапсэ, 20

Дыдэ, егъэлея.

Албиян абы хуэдэ шатэ фӀэфӀ Ӏейуэ щытати, Дани хуигъэтӀылъащ [Хьэбибэ].— Щынэхужьыкъуэ, 59

+2 örnek

Шыр абы хуэдизкӀэ псы хуэлӀати, куэдыщэ Ӏей ирифащ, щигъэтым къиублэжурэ.— Лъапсэ, 57

ЩӀыхуэр итыжыну и пхъур щӀигъэкӀуари гурыӀуэгъуэт [Мариям]: и адэр е и анэр хьэжыгъэ, дагъэ сыт жаӀэу тыкуэнтесым деж кӀуэмэ, ӀэнэщӀу къагъэзэжырт, Назифэ кӀуэрэ хъыджэбз цӀыкӀум тхьэмыщкӀафэ Ӏей зытригъауэрэ и щхьэр къимыӀэту елъэӀумэ, зи щӀыхуэ ятелъым фӀэгуэныхь хъурти, къигъэщӀэхъуртэкъым, зэрелъэӀуа псори къримытми, и ныкъуэр къритырт.— Лэчымэ, 391

Kitapta geçtiği hali

ӀЕЙ I (124). плъыф. 1. (82). МыхъумыщӀэ, мыщӀагъуэ, къемызэгъ, мыфӀ. Фыз ябгэр кӀэбгъу ищӀу щыдэкӀыжакӀэ, мурад Ӏей гуэр ищӀат, Дисэ фыз къэрабгъэхэм ящыщтэкъым, жиӀам пхутекӀынутэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 140. Къэхъуар зи нэгу щӀэкӀа Ӏэджэми Бахъуэр япкърыупщӀыхьащ, арщхьэкӀэ Локотош щхьэкӀэ псалъэ Ӏей жызыӀа къахэкӀакъым. Нал къута, 262. А емынэунэм и гугъу фымыщӀ, пщӀыхьэпӀэ Ӏей флъагъунщ, жаӀэу щымэхъашэт Къэрэмырзэ, имыгъэшынэ щымыӀэу. Лыгъэ, 408. 2. (22). щыӀ. мыхь. МыщӀагъуэ гуэр, мыфӀ гуэр. [Бэлацэ:] Бгъэжьыр уи пашэм, къуршым урешэ, къуанщӀэр уи пашэм Ӏейм ухуешэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 126. Ӏейр зи ӀэщӀагъэм егъэпщкӀур, ФӀы зыщӀэм ищӀэр сэтейщ, Зумылъэфыхьыт фӀы пщӀэнум, ФӀыщ къытенэнур дунейм. Мэзыр хамысэу къэкӀакъэ. «Дамыгъэ», 217. [Къетау:] – ФӀымрэ Ӏеймрэ зы бжьыхьэкӀэм тесщ, жаӀакъэ. Лъапсэ, 62. 3. (7). Балигъ мыхъуам, кърамыдзэ, Ӏумпэм ящӀ хуэдэу, хужаӀэ. [Бэлацэ и къуэхэм щхьэкӀэ:] Дауэ щыту пӀэрэ езы Ӏейхэр? Хъуэпсэгъуэ нур, 298. [Кулисум ипхъу цӀыкӀу Хъуцэ щхьэкӀэ:] – Мыдэ зэ къыспэщӀэгъахуэ а Ӏейр – алыхь, и лъакъуэр зэпызмыщӀыкӀым. Нэгъуху, 48. – Плъагъуркъэ а Ӏейр, –жиӀэри Сосрыкъуэ и жьэм имыщӀэххэу къыжьэдэхуащ [Аркашэ щхьэкӀэ]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 611. ◊ Ӏей игу имылъын (2). Зэран хъуну, мыхъумыщӀагъэ илэжьыну хэмытын. Рэхьим зэпхыдэӀукӀри, къагъэкъуаншэу зэхихатэкъыми, и гур нэхъыфӀ хъуащ: – Сигу Ӏей зэримылъыр уэри уощӀэ, Дисэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 141. Нобэ фӀы пхуэщӀэнумэ, пщэдей умыхь, жаӀэу псалъэжьыр и гум къэкӀыжати, и нэгум ущӀэплъэмэ, къэпщӀэнут абы и гум Ӏей зэримылъыр. Лъапсэ, 59. Ӏей игу хуимылъын (2). Зыгуэрым зэран ухуэхъуну, и Ӏей зепхуэну ухэмытын. Инал и гум абы Ӏей хуилъу щытамэ, жылэр шэсу фыуви Жыраслъэн къефшэлӀэж, жиӀэнтэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 652. Ӏей дыдэ хъун (1). И узыншагъэкӀэ, и теплъэкӀэ хуабжьу екӀэкӀуэн. Фыз къамылыфэ нэжэгужэу япэм илъагъуу щыта Ӏузизэ иджы Ӏей дыдэ хъуауэ, и ныбэр лъагэу, и нэ дахитӀу щытари иуэжауэ хэлът. Хъуэпсэгъуэ нур, 69. [И] Ӏей жыӀэн (1). Зыгуэрым хуэпсэлъэн, зыгуэр убын. Мы ерыщым [Жыраслъэн] и Ӏей жысӀэмэ, иджыблагъэ шыгъажэм къащытежа си шы жэр дэгъуэр си пщӀантӀэм дигъэбзэхыкӀынщ, жиӀэу старшынэр гузавэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 87. Ӏей къэхъун (1). Нэхъ лъэрымыхь хъун (сымаджэр). Тамарэ сызэрыхуэзэу, псори къызжиӀэжынущ, къызжимыӀэжми, и нэгум сыщӀэплъэмэ, занщӀэу къызощӀэ [сымаджэр] Ӏей къэхъуами фӀы къэхъуами. Лъапсэ, 43. [И] Ӏей фӀэкӀа жымыӀэн (1). Зыгуэр зэпымыууэ убын, хуэпсэлъэн. ЛатӀифэ… студентхэр нэ жагъуэкӀэ къызигъэплъыну иужь итщ, къахуэзэмэ, си Ӏей фӀэкӀа сифӀ лъэпкъ жиӀэнукъым, щӀалэгъуалэми яфэфӀыххэкъым абы сиубу. Лъапсэ, 9. Ӏей хъун (2). И теплъэр екӀэкӀуэн, гъур, фагъуэ хъун. Локотош Ӏей хъуа къудейтэкъым, езыри нэгъуэщӀ зыгуэр зэрыхъуар ӀупщӀт, япэм къибыргъукӀыу, нэжэгужэу, лъагъугъуафӀэу зэрыщытам хуэдэжтэкъым. Нал къута, 241. ӀейкӀэ [и] ужь итын (1). Зыгуэрым и Ӏей зехуэн, зэран ухуэхъуну ухэтын. [Степан Ильич Инал къыжреӀэ:] Мэтхъэныр уи ужь ӀейкӀэ къитынкъым. Сыт хуэдэ Ӏуэхуи и пщэ дэлъхьэ – зэфӀигъэкӀынщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 529. ӀейкӀэ [и] цӀэр Ӏун (2). ЦӀыхум хъыбар ӀейкӀэ яхэӀуэн. [Думэсарэ:] Алыхь, Елдар и цӀэ ӀейкӀэ Ӏууэ сыхуэмей! Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. А цӀыхубзым [Борей Пыжьынэ] и цӀэ ӀейкӀэ щыӀуар и анэ шыпхъу зи щхьэ закъуэ-зи лъакъуитӀу псэуар лӀа нэужьщ. Лъапсэ, 20.

ӀЕЙ II (3). частицэ. Дыдэ, егъэлея. Албиян абы хуэдэ шатэ фӀэфӀ Ӏейуэ щытати, Дани хуигъэтӀылъащ [Хьэбибэ]. Щынэхужьыкъуэ, 59. Шыр абы хуэдизкӀэ псы хуэлӀати, куэдыщэ Ӏей ирифащ, щигъэтым къиублэжурэ. Лъапсэ, 57. ЩӀыхуэр итыжыну и пхъур щӀигъэкӀуари гурыӀуэгъуэт [Мариям]: и адэр е и анэр хьэжыгъэ, дагъэ сыт жаӀэу тыкуэнтесым деж кӀуэмэ, ӀэнэщӀу къагъэзэжырт, Назифэ кӀуэрэ хъыджэбз цӀыкӀум тхьэмыщкӀафэ Ӏей зытригъауэрэ и щхьэр къимыӀэту елъэӀумэ, зи щӀыхуэ ятелъым фӀэгуэныхь хъурти, къигъэщӀэхъуртэкъым, зэрелъэӀуа псори къримытми, и ныкъуэр къритырт. Лэчымэ, 391.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

biçimsiz çepel çirkin fena habis iblis kalitesiz kem kötü nahoş

Düzeltme Öner

Ӏей
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.