ясыр
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Гъэру хъунщӀакӀуэхэм къаубыда цӀыху (зэрыхабзэу, ящэурэ фейдэ иращӀу щытащ).
Дэфэрэдж хъыбар Ӏэджи зэхихащ, езым хуэдэу хэкум ираш ясырхэм къащыщӀауэ, кхъухьым ихуэнум хуэдитӀ-щы ирагъэтӀысхьэрэ, тенджызым техьа нэужь, псы зэфэн къудейр яухмэ, хьэнтхъупс тенджызыпскӀэ ягъавэу, псы щхьэкӀэ мэхри тенджызыпс ефэрэ ныбэуз хъурэ здэкӀуэм нэмысу лӀэуэ, и хьэдэр псым хадзэжу.— Лъапсэ, 39
+1 örnek
Хы Ӏуфэр яхъумэу урыс кхъухь Ӏэджэ тенджызым тетщ, ясыр зэхуэзыхьэсрэ изышыну хуежьэм кӀуапӀэ ирамыту яубыдри кхъуафэжьейм исыр зэрису Кърым псы Ӏуфэм яшэ, лӀыубыдхэри ягъэтӀыс, яубыда ясырхэр яутӀыпщыж, урыс къалэм и гъунэгъуу тӀысрэ лажьэу шхэжыну тхьэлъанэ ящӀа нэужь.— Лъапсэ, 63
Kitapta geçtiği hali
ЯСЫР (11). Гъэру хъунщӀакӀуэхэм къаубыда цӀыху (зэрыхабзэу, ящэурэ фейдэ иращӀу щытащ). Дэфэрэдж хъыбар Ӏэджи зэхихащ, езым хуэдэу хэкум ираш ясырхэм къащыщӀауэ, кхъухьым ихуэнум хуэдитӀ-щы ирагъэтӀысхьэрэ, тенджызым техьа нэужь, псы зэфэн къудейр яухмэ, хьэнтхъупс тенджызыпскӀэ ягъавэу, псы щхьэкӀэ мэхри тенджызыпс ефэрэ ныбэуз хъурэ здэкӀуэм нэмысу лӀэуэ, и хьэдэр псым хадзэжу. Лъапсэ, 39. Хы Ӏуфэр яхъумэу урыс кхъухь Ӏэджэ тенджызым тетщ, ясыр зэхуэзыхьэсрэ изышыну хуежьэм кӀуапӀэ ирамыту яубыдри кхъуафэжьейм исыр зэрису Кърым псы Ӏуфэм яшэ, лӀыубыдхэри ягъэтӀыс, яубыда ясырхэр яутӀыпщыж, урыс къалэм и гъунэгъуу тӀысрэ лажьэу шхэжыну тхьэлъанэ ящӀа нэужь. Лъапсэ, 63.