ярэби
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ГъэщӀэгъуэныгъэ, шэч къытехьэныгъэ къегъэлъагъуэ.
руах, ну, неужто, (выражает удивление, сомнение)
Kitapta geçtiği hali
ярэби междом. ах, ну, неужто, (выражает удивление, сомнение) / ГъэщӀэгъуэныгъэ, шэч къытехьэныгъэ къегъэлъагъуэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Мыхьэнэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къегъэлъагъуэ: а) гъэщӀэгъуэныгъэ: б) шэч къытехьэныгъэ: в) гурыщхъуэ: г) гуфӀэгъуэ, гухэхъуэ, арэзыныгъэ: д) гухэщӀ: е) гузэвэныгъэ: ж) щӀэхъуэпсыныгъэ, фӀэфӀыныгъэ: з) игу зэбгъэжыныгъэ:
[Нанэ:] Сыту дылъэрызехьэт, ярэби, а махуэм, жэрыгъэ защӀэкӀэ дыкӀуэри дыкъэкӀуэжат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 135
+13 örnek
Сыту лӀы емызэш ярэби Бахъуэр.— Нал къута, 294
[Хьэжумар:] Ярэби, Налшычым ар щыӀэу пӀэрэ, абы хуэдэ радио?— Алъхъо, 92
Зэзэмызи Ботэх егупсысырт, ярэби, мо къызэрагъапцӀэ къомыр Нартыхум имылъагъуу пӀэрэ, жиӀэу.— Лъапсэ, 98
Езым [Астемыр] гурыщхъуэ ищӀырт: ярэби, Иналрэ Къазджэрийрэ ныщхьэбэ зэмыпщэфыӀэну пӀэрэ, жиӀэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672
[Хьэбибэ:] Ялыхь, фӀыщӀэр зейр уэращ, си пхъур къысхуэпхьыжащи, сыту фӀыт, ярэби…— Нал къута, 223
[Аннэ Павловнэ Дэфэрэдж жреӀэ:] – Сыту фӀыт, ярэби, укъызэрызгъуэтар.— Лъапсэ, 7
[Гъунэгъухэм зи унэ мафӀэ исам жраӀэ:] – Еууей, сыту Ӏисраф хъуа, ярэби.— ГущӀэгъу, 425
[Алыджыкъуэ:] Ярэби, уз пкърымыту пӀэрэ [цӀыхубзым], жысӀэу си гум къыщыкӀым, си щхьэфэцым зыкъиӀэтащ.— МелыӀыч, 443
Чачэ къэуӀэбжьащ: «Ярэби мы- Иналу пӀэрэ къэпсалъэр [телефонымкӀэ]?»— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513
Ярэби, ди спектаклым Инал кърихьэлӀамэ, сыту фӀыт, жиӀэрт Лу игукӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 636
[Дадэм:] Ярэби, тепщэч зелъатэм сису Кабэм сыкӀуамэ арати.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 189
[Борис Борисович:] Сыту делэу сыкъыщӀэкӀа, ярэби.— Тепщэч къэзылъэтыхь, 159
Сытуи цӀыхуфӀу къыщӀэкӀа, ярэби, сытуи хуэмыфащэ есха, жиӀэрт игукӀэ [Апчарэ и нысэ Иринэ щхьэкӀэ].— Щынэхужьыкъуэ, 60
Kitapta geçtiği hali
ЯРЭБИ (76). междом. Мыхьэнэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къегъэлъагъуэ: а) гъэщӀэгъуэныгъэ: [Нанэ:] Сыту дылъэрызехьэт, ярэби, а махуэм, жэрыгъэ защӀэкӀэ дыкӀуэри дыкъэкӀуэжат. Хъуэпсэгъуэ нур, 135. Сыту лӀы емызэш ярэби Бахъуэр. Нал къута, 294. б) шэч къытехьэныгъэ: [Хьэжумар:] Ярэби, Налшычым ар щыӀэу пӀэрэ, абы хуэдэ радио? Алъхъо, 92. в) гурыщхъуэ: Зэзэмызи Ботэх егупсысырт, ярэби, мо къызэрагъапцӀэ къомыр Нартыхум имылъагъуу пӀэрэ, жиӀэу. Лъапсэ, 98. Езым [Астемыр] гурыщхъуэ ищӀырт: ярэби, Иналрэ Къазджэрийрэ ныщхьэбэ зэмыпщэфыӀэну пӀэрэ, жиӀэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 672. г) гуфӀэгъуэ, гухэхъуэ, арэзыныгъэ: [Хьэбибэ:] Ялыхь, фӀыщӀэр зейр уэращ, си пхъур къысхуэпхьыжащи, сыту фӀыт, ярэби…Нал къута, 223. [Аннэ Павловнэ Дэфэрэдж жреӀэ:] – Сыту фӀыт, ярэби, укъызэрызгъуэтар. Лъапсэ, 7. д) гухэщӀ: [Гъунэгъухэм зи унэ мафӀэ исам жраӀэ:] – Еууей, сыту Ӏисраф хъуа, ярэби. ГущӀэгъу, 425. е) гузэвэныгъэ: [Алыджыкъуэ:] Ярэби, уз пкърымыту пӀэрэ [цӀыхубзым], жысӀэу си гум къыщыкӀым, си щхьэфэцым зыкъиӀэтащ. МелыӀыч, 443. Чачэ къэуӀэбжьащ: «Ярэби мы- Иналу пӀэрэ къэпсалъэр [телефонымкӀэ]?» Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 513. ж) щӀэхъуэпсыныгъэ, фӀэфӀыныгъэ: Ярэби, ди спектаклым Инал кърихьэлӀамэ, сыту фӀыт, жиӀэрт Лу игукӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 636. [Дадэм:] Ярэби, тепщэч зелъатэм сису Кабэм сыкӀуамэ арати. «Тепщэч къэзылъэтыхь», 189. з) игу зэбгъэжыныгъэ: [Борис Борисович:] Сыту делэу сыкъыщӀэкӀа, ярэби. «Тепщэч къэзылъэтыхь», 159. Сытуи цӀыхуфӀу къыщӀэкӀа, ярэби, сытуи хуэмыфащэ есха, жиӀэрт игукӀэ [Апчарэ и нысэ Иринэ щхьэкӀэ]. Щынэхужьыкъуэ, 60.