япэ итын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зыгуэрхэм я гупэ, я пэ щытын.
Япэм ит машинэм ис цӀыхубз гъэщӀэрэщӀам телъ данэпс хужь иныр жьыбгъэм зэрихьэрт, мис фи нысащӀэр, феплъ, жиӀэ хуэдэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583
+2 örnek
Жьыр ди щӀыбагъымкӀэ къепщэрти шу къомым къагъэхъея сабэр пшагъуэ гуэрэным хуэдэу япэм ит защӀэщи, нэхъ дыкъамылъагъуурэ гъунэгъу захуэтщӀынщ [бийм], жиӀэу Къэрэмырзэ ар и гурыфӀыгъуэщ. ЩӀэгузавэ куэд щыӀэ пэтми— Лыгъэ, 411
Дэджэхъуу пашэр Япэ иту, Мэл гуартэр къохыр хъупӀэ лъагэм, И щӀакӀуэ фӀыцӀэр щыгъыу хуиту, Мэлыхъуэр мэлым иропагэ— Мэл гуартэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 50
2. Нэхъыжьу, пашэу зыгуэрхэм яӀэн.
Мычэму дыгъэу къытхуепсу, Насыпыр къиту мардэншэу Вождышхуэр ди япэ итыну, Абы къытхуищӀу унафэр ЩытхъукӀэ дгъэзащӀэу щытыну Къизмынэу зыри сэ софэр— ИлъэсыщӀэм папщӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 120
Kitapta geçtiği hali
ЯПЭ(М) ИТЫН (56). 1. (54). Зыгуэрхэм я гупэ, я пэ щытын. Япэм ит машинэм ис цӀыхубз гъэщӀэрэщӀам телъ данэпс хужь иныр жьыбгъэм зэрихьэрт, мис фи нысащӀэр, феплъ, жиӀэ хуэдэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 583. Жьыр ди щӀыбагъымкӀэ къепщэрти шу къомым къагъэхъея сабэр пшагъуэ гуэрэным хуэдэу япэм ит защӀэщи, нэхъ дыкъамылъагъуурэ гъунэгъу захуэтщӀынщ [бийм], жиӀэу Къэрэмырзэ ар и гурыфӀыгъуэщ. ЩӀэгузавэ куэд щыӀэ пэтми. Лыгъэ, 411. Дэджэхъуу пашэр Япэ иту, Мэл гуартэр къохыр хъупӀэ лъагэм, И щӀакӀуэ фӀыцӀэр щыгъыу хуиту, Мэлыхъуэр мэлым иропагэ. Мэл гуартэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 50. 2. (2). Нэхъыжьу, пашэу зыгуэрхэм яӀэн. Мычэму дыгъэу къытхуепсу, Насыпыр къиту мардэншэу Вождышхуэр ди япэ итыну, Абы къытхуищӀу унафэр ЩытхъукӀэ дгъэзащӀэу щытыну Къизмынэу зыри сэ софэр. ИлъэсыщӀэм папщӀэ. «Бгы лъапэхэм деж», 120.