япэ игъэщын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Уи пэ, уи гупэ къигъэувэн, зыкъызэрегъэнэкӀын.
Мо кхъухь плъыжь кӀуэкӀафӀэр Сяпэ изо гъэщ.— Дыгъэм, кхъухь кӀуэкӀафӀэу… Вагъуэ махуэ, 101
+1 örnek
ШыдыгъуитӀым языр къуэгъэнапӀэ къуэувэри пхъэрыр япэ иригъэщауэ арати, Астемыр щыуащ— Хъуэпсэгъуэ нур, 170
2. Нэхъ гулъытэ хуэщӀын, нэхъыфӀу къэлъытэн.
Мо къуажэр, къалэм езгъапщэмэ, Япэ изгъэщу сыдэтаи.— Сыжейми, си нэр зэтесхами… Щхьэлыкъуэ, 383
Kitapta geçtiği hali
ЯПЭ ИГЪЭЩЫН (6). 1. (4). Уи пэ, уи гупэ къигъэувэн, зыкъызэрегъэнэкӀын. Мо кхъухь плъыжь кӀуэкӀафӀэр Сяпэ изо гъэщ. Дыгъэм, кхъухь кӀуэкӀафӀэу… «Вагъуэ махуэ», 101. ШыдыгъуитӀым языр къуэгъэнапӀэ къуэувэри пхъэрыр япэ иригъэщауэ арати, Астемыр щыуащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 170. 2. (2). Нэхъ гулъытэ хуэщӀын, нэхъыфӀу къэлъытэн. Мо къуажэр, къалэм езгъапщэмэ, Япэ изгъэщу сыдэтаи. Сыжейми, си нэр зэтесхами… «Щхьэлыкъуэ», 383.