ягъэ кӀынкъым
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Ӏуэхукъым, ущӀэгузэвэн хэлъкъым.
Дин сытхэр фӀэкъабылкъым, хьэрыпыбзэ фӀыуэ ещӀэри къурӀэным итыр адыгэбзэкӀэ цӀыхум яжреӀэ, къурӀэным итыр мыхьэнэншэу къыщӀегъэкӀ, езыри цӀыху къанлыщ, хьэжым лажьэ имыӀэу зридзри иубэрэжьащ, абы къив къомри ягъэ кӀынтэкъым, жиӀэр цӀыхум я фӀэщ мыхъуу щытатэмэ, жаӀэрти духьэшы куэд тхьэусыхэрт [Астемыр щхьэкӀэ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 120
+2 örnek
Гъуэгум щхьэ сыкъыӀукӀуэта, ятӀэпс тӀэкӀу къыстриутхами ягъэ кӀынтэкъым, Инал и машинэм хьэлэч сищӀащ, жысӀэнти си ныбжьэгъухэм езгъэлъагъунт, жиӀэу Лу и гум къэкӀащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 526
Иджы уэс къесми ягъэ кӀынкъым, Тесэн хуеяхэр трасакъэ.— ЩӀымахуэ жэщу уэсыр къесырт. «Вагъуэ махуэ», 19
2. Хъунут, Ӏейтэкъым, фӀыт.
Данэ цӀыкӀу Хьэбибэ деж щыӀэмэ, ягъэ кӀынкъым, жиӀэу, Иринэ арат зытриубыдэр.— Нал къута, 236
+2 örnek
Пэжу, япэм щӀопщакӀуэм шейтӀани, жини, алмэстыи – Ӏэджэ пыщӀауэ щытащ, иджы а къомыр пыгъэлъэлъыжауэ щӀопщакӀуэр цӀыхум нэхъ сэбэп зэрыхуэхъунум хуэдэу гъэкъэбзэжамэ, дохутырхэм я арсеналым хэбгъэувэмэ, ягъэ кӀынукъым, псэм хуэмыдэу операцэ ящӀа сымаджэм ущеӀэзэм деж къэбгъэсэбэпу.— Лъапсэ, 29
[Нанэ Думэсарэ жреӀэ:] Астемыр къэсыжыху тӀэкӀу зыбгъэщӀэращӀэмпи ягъэ кӀынкъым…— Хъуэпсэгъуэ нур, 189
Kitapta geçtiği hali
ЯГЪЭ КӀЫНКЪЫМ (46). 1. (25). Ӏуэхукъым, ущӀэгузэвэн хэлъкъым. Дин сытхэр фӀэкъабылкъым, хьэрыпыбзэ фӀыуэ ещӀэри къурӀэным итыр адыгэбзэкӀэ цӀыхум яжреӀэ, къурӀэным итыр мыхьэнэншэу къыщӀегъэкӀ, езыри цӀыху къанлыщ, хьэжым лажьэ имыӀэу зридзри иубэрэжьащ, абы къив къомри ягъэ кӀынтэкъым, жиӀэр цӀыхум я фӀэщ мыхъуу щытатэмэ, жаӀэрти духьэшы куэд тхьэусыхэрт [Астемыр щхьэкӀэ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 120. Гъуэгум щхьэ сыкъыӀукӀуэта, ятӀэпс тӀэкӀу къыстриутхами ягъэ кӀынтэкъым, Инал и машинэм хьэлэч сищӀащ, жысӀэнти си ныбжьэгъухэм езгъэлъагъунт, жиӀэу Лу и гум къэкӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 526. Иджы уэс къесми ягъэ кӀынкъым, Тесэн хуеяхэр трасакъэ. ЩӀымахуэ жэщу уэсыр къесырт. «Вагъуэ махуэ», 19. 2. (21). Хъунут, Ӏейтэкъым, фӀыт. Данэ цӀыкӀу Хьэбибэ деж щыӀэмэ, ягъэ кӀынкъым, жиӀэу, Иринэ арат зытриубыдэр. Нал къута, 236. Пэжу, япэм щӀопщакӀуэм шейтӀани, жини, алмэстыи – Ӏэджэ пыщӀауэ щытащ, иджы а къомыр пыгъэлъэлъыжауэ щӀопщакӀуэр цӀыхум нэхъ сэбэп зэрыхуэхъунум хуэдэу гъэкъэбзэжамэ, дохутырхэм я арсеналым хэбгъэувэмэ, ягъэ кӀынукъым, псэм хуэмыдэу операцэ ящӀа сымаджэм ущеӀэзэм деж къэбгъэсэбэпу. Лъапсэ, 29. [Нанэ Думэсарэ жреӀэ:] Астемыр къэсыжыху тӀэкӀу зыбгъэщӀэращӀэмпи ягъэ кӀынкъым… Хъуэпсэгъуэ нур, 189.