эгъэзэхуэн
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(зэрегъэзахуэ)
1. Ӏисраф мыщӀын, щысхьын.
[Алыджыкъуэ:] Жылэм къащӀэна мылъкур зэзгъэзахуэу жэщ симыӀэу, махуэ симыӀэу гъуэгужьым сытетынт?— МелыӀыч, 467
+2 örnek
Куэд къилэжьамэ [Дэрдэхь], куэд яшхырт, мащӀэ къилэжьамэ, етӀанэгъэ нэс зэрагъэзэхуэн хуейт, и унагъуэми хабзэшхуэ илът, быныр цӀыкӀу щӀыкӀэ хабзэм ирагъасэу.— Хьэсэпэхъумэ, 417
ИтӀанэ, къыватар зэзыгъэзэхуэну зи пщэ дэлъым зэримыгъэзэхуэфмэ, фэ сыт фи лажьэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 562
2. ЗэфӀэгъэкӀын, нэгъэсын, ухын.
[Алыджыкъуэ:] Заводым къэзгъэзэжри си тхылъыр зэзгъэзэхуащ.— МелыӀыч, 451
+1 örnek
ХьэщӀэу къыпфӀэщӀми, арщ бысымыр, Уэ урихьэщӀэу зыдегъэкӀу, Уи Ӏуэху къэнамэ, зэгъэзахуэ, ПхуэмыгъэткӀуахэр псынщӀэу гъэткӀу, Улъэрымыхьмэ, баш къэпщтауэ.— ХьэщӀэ ирамыгъэблагъэ. «Вагъуэ махуэ», 366
3. Ӏуэху зэхэзэрыхьа гуэрхэр зэхэгъэкӀын, зыхуей хуэгъэзэн.
И унэгуащэ Жэнгулэз жыпӀэнущи, абы ищӀэн егъуэт, хадэхэкӀым и ужь итщ, джэдкъаз зэрехуэ, жэм яӀэщи гъэшыр зэгъэзэхуэн хуейщ.— КӀапсэ кӀапэ, 6
+3 örnek
КъеупщӀ-неупщӀурэ Якъуб жиӀэну илъэпкъыр жригъэӀэри, иужьым зэригъэзахуэу щыхуежьэм, Якъубу плъагъур къиубыдащ, кӀуапи жапӀи имыӀэу [Локотош].— Нал къута, 262
Абы [санитаркэм] къыщыщӀа къомыр узижагъуэм и махуэщ, а псори зэуэ дауэ зэбгъэзэхуэн, иджыпсту зи гугъу щӀыпхъэр зы мащӀэ тӀэкӀущ.— Лъапсэ, 23
Хьэрун зы хьэрф ищӀэртэкъыми, сыт къатхами писырым иритырти абы зэригъэзахуэрт.— Нэгъуху, 20
4. Гъэтэмэмын, зэщӀэкъуэн.
Елдар и гуфӀакӀэм дэлъ къомыр зэригъэзахуэ хуэдэу ищӀри, Астемыр иӀыгъ фочымрэ шэмрэ къыӀихри шыгъуэгу хадэ кӀыфӀым хэкӀуэдэжащ – а гъуэгу дыдэмкӀэ куэд щӀакъым Степани зэрыкӀуэжрэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 232
+2 örnek
Мэжджыт дахэм нэмэз щащӀт, и щӀыбагъым къыдэт мыдрисэми сохъустэр щӀэзт, библиотекэми КъурӀэнри, чытапхэри, Ӏэрытххэри зэгъэзэхуауэ щӀэлът, къыщӀэупщӀэм къагъуэта зэрыхъунум хуэдэу.— Кхъэлэгъунэ, 379
Хъыдан тӀэкӀу къигъуэтауэ Лу бэлшэвыч пыӀэм хэда щэкӀ плъыжьым ещхьу езым и пыӀэми хидэну хъыдан плъыжьхэр ичатхъэурэ зэригъэзахуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 305
Kitapta geçtiği hali
ЭГЪЭЗЭХУЭН (зэрегъэзахуэ) лъэӀ. (31). 1. (14). Ӏисраф мыщӀын, щысхьын. [Алыджыкъуэ:] Жылэм къащӀэна мылъкур зэзгъэзахуэу жэщ симыӀэу, махуэ симыӀэу гъуэгужьым сытетынт? МелыӀыч, 467. Куэд къилэжьамэ [Дэрдэхь], куэд яшхырт, мащӀэ къилэжьамэ, етӀанэгъэ нэс зэрагъэзэхуэн хуейт, и унагъуэми хабзэшхуэ илът, быныр цӀыкӀу щӀыкӀэ хабзэм ирагъасэу. Хьэсэпэхъумэ, 417. ИтӀанэ, къыватар зэзыгъэзэхуэну зи пщэ дэлъым зэримыгъэзэхуэфмэ, фэ сыт фи лажьэ?Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 562. 2. (4). ЗэфӀэгъэкӀын, нэгъэсын, ухын. [Алыджыкъуэ:] Заводым къэзгъэзэжри си тхылъыр зэзгъэзэхуащ. МелыӀыч, 451. ХьэщӀэу къыпфӀэщӀми, арщ бысымыр, Уэ урихьэщӀэу зыдегъэкӀу, Уи Ӏуэху къэнамэ, зэгъэзахуэ, ПхуэмыгъэткӀуахэр псынщӀэу гъэткӀу, Улъэрымыхьмэ, баш къэпщтауэ. ХьэщӀэ ирамыгъэблагъэ. «Вагъуэ махуэ», 366. 3. (7). Ӏуэху зэхэзэрыхьа гуэрхэр зэхэгъэкӀын, зыхуей хуэгъэзэн. И унэгуащэ Жэнгулэз жыпӀэнущи, абы ищӀэн егъуэт, хадэхэкӀым и ужь итщ, джэдкъаз зэрехуэ, жэм яӀэщи гъэшыр зэгъэзэхуэн хуейщ. КӀапсэ кӀапэ, 6. КъеупщӀ-неупщӀурэ Якъуб жиӀэну илъэпкъыр жригъэӀэри, иужьым зэригъэзахуэу щыхуежьэм, Якъубу плъагъур къиубыдащ, кӀуапи жапӀи имыӀэу [Локотош]. Нал къута, 262. Абы [санитаркэм] къыщыщӀа къомыр узижагъуэм и махуэщ, а псори зэуэ дауэ зэбгъэзэхуэн, иджыпсту зи гугъу щӀыпхъэр зы мащӀэ тӀэкӀущ. Лъапсэ, 23. Хьэрун зы хьэрф ищӀэртэкъыми, сыт къатхами писырым иритырти абы зэригъэзахуэрт. Нэгъуху, 20. 4. (6). Гъэтэмэмын, зэщӀэкъуэн. Елдар и гуфӀакӀэм дэлъ къомыр зэригъэзахуэ хуэдэу ищӀри, Астемыр иӀыгъ фочымрэ шэмрэ къыӀихри шыгъуэгу хадэ кӀыфӀым хэкӀуэдэжащ – а гъуэгу дыдэмкӀэ куэд щӀакъым Степани зэрыкӀуэжрэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 232. Мэжджыт дахэм нэмэз щащӀт, и щӀыбагъым къыдэт мыдрисэми сохъустэр щӀэзт, библиотекэми КъурӀэнри, чытапхэри, Ӏэрытххэри зэгъэзэхуауэ щӀэлът, къыщӀэупщӀэм къагъуэта зэрыхъунум хуэдэу. Кхъэлэгъунэ, 379. Хъыдан тӀэкӀу къигъуэтауэ Лу бэлшэвыч пыӀэм хэда щэкӀ плъыжьым ещхьу езым и пыӀэми хидэну хъыдан плъыжьхэр ичатхъэурэ зэригъэзахуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 305.