щӀэщӀыхьын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щӀещӀыхь)
1. Зыгуэрым щӀэту зыгуэр щӀын, ухуэн.
рустроить что-л. под чем-л.
Кхъужьей жыгышхуэ гуэрым и щӀагъым Хьэмид сымэ щӀащӀыхьа пщыӀэр щытт.— ДыщэкӀ Мухьэмэд
2. Зыгуэрым и лъабжьэм щызэщӀэгъэнэн (мафӀэ).
руразвести (огонь) под чем-л. (в помещении)
БгъуэнщӀагъым мафӀэ щӀэщӀыхьын.
Kitapta geçtiği hali
щӀэщӀыхьын (щӀещӀыхь) перех. гл. 1. строить что-л. под чем-л. / Зыгуэрым щӀэту зыгуэр щӀын, ухуэн. * Кхъужьей жыгышхуэ гуэрым и щӀагъым Хьэмид сымэ щӀащӀыхьа пщыӀэр щытт. Д. М. 2. развести (огонь) под чем-л. (в помещении) / Зыгуэрым и лъабжьэм щызэщӀэгъэнэн (мафӀэ). БгъуэнщӀагъым мафӀэ щӀэщӀыхьын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀещӀыхь)
Зыгуэрым щӀэту зыгуэр щӀын, ухуэн.
Зы махуэ дэкӀрэ псори мамыр щыхъум, Абу-Деруши мыващӀэхэр ишэри мэжджытым кӀуащ, кхъэлэгъунэр къиуӀукӀын хуейти. Ар зыщӀищӀыхь унэр библиотекэм пыту пэшышхуэт.— Кхъэлэгъунэ, 379
+1 örnek
Жыраслъэнхэ я шэщышхуэу щытам лъагапӀэ гуэр щӀащӀыхьат, сценэ пэлъытэу, Ӏупхъуэ ящӀырт, бжэ халъхьэрт, лэчкӀэ лапхъэр ялэрт шэщым къыщӀэкӀа Астемыр е Къазджэрий цӀыхум къахыхьэм, къэувыхьырти къеупщӀырт: уа, кулакымрэ подкулакымрэ зэрызэщхьэщыкӀыр къыдгурывгъаӀуэт, е молэр дэнэ кӀуэну, мэжджытыр зэхуащӀмэ?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭЩӀЫХЬЫН (щӀещӀыхь) лъэӀ. (2). Зыгуэрым щӀэту зыгуэр щӀын, ухуэн. Зы махуэ дэкӀрэ псори мамыр щыхъум, Абу-Деруши мыващӀэхэр ишэри мэжджытым кӀуащ, кхъэлэгъунэр къиуӀукӀын хуейти. Ар зыщӀищӀыхь унэр библиотекэм пыту пэшышхуэт. Кхъэлэгъунэ, 379. Жыраслъэнхэ я шэщышхуэу щытам лъагапӀэ гуэр щӀащӀыхьат, сценэ пэлъытэу, Ӏупхъуэ ящӀырт, бжэ халъхьэрт, лэчкӀэ лапхъэр ялэрт шэщым къыщӀэкӀа Астемыр е Къазджэрий цӀыхум къахыхьэм, къэувыхьырти къеупщӀырт: уа, кулакымрэ подкулакымрэ зэрызэщхьэщыкӀыр къыдгурывгъаӀуэт, е молэр дэнэ кӀуэну, мэжджытыр зэхуащӀмэ? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 627.