щӀэщӀ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Утелъ, ущыжей хъууэ жыгым е пхъэ зэфӀэбдзэ лъагэм тращӀыхь гъуэлъыпӀэ.
рулежанка, устроенная на кроне дерева или на вышке
Хъуэжэ пщыхьэщхьэшхэр зэришхыу къэтэджри жэщкӀэ здытелъ щӀэщӀым тегъуэлъхьэжащ.— Хъуэжэ и таурыхъыщэ
Kitapta geçtiği hali
щӀэщӀ лежанка, устроенная на кроне дерева или на вышке / Утелъ, ущыжей хъууэ жыгым е пхъэ зэфӀэбдзэ лъагэм тращӀыхь гъуэлъыпӀэ. * Хъуэжэ пщыхьэщхьэшхэр зэришхыу къэтэджри жэщкӀэ здытелъ щӀэщӀым тегъуэлъхьэжащ. Хъу. и таур.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Утелъ, ущыжей хъууэ жыгым е пхъэ зэфӀэбдзэ лъагэм тращӀыхь гъуэлъыпӀэ. -418.
Гъэ къэскӀэ Дэрдэхь къуажэр зэрыкъуажэу къелъэӀурти, хьэсэпэхъумэу ягъэувырт, «уцӀыху хьэрэмыншэщ, пэжкӀэ уопсэу» жаӀэрти, ноби хьэсэпэхъумэу щӀэщӀым тесу къытрашри къадым деж къашат, адыгэ зыхуэпэкӀэу хуэпауэ: къэптал тӀэкӀум и щӀыӀукӀэ бгырыпх фӀыцӀэ щӀэпхауэ, кӀэрахъуэжь гуэри гуэлэлу, гъуэншэджым щыдэжын Ӏэджи щыдэжауэ, и лъэми лъэдакъачэхэм яхуэмыдэу вакъитӀ илъу, пыӀэр иӀыгъыу къадым и пащхьэм итщ— Хьэсэпэхъумэ, 417
+1 örnek
Мэл, бжэн къыпэщӀэхуэми, аращ – зи хьэсэ хэтам деж ехури еущий: «ДахэкӀэ угурыӀуэрэ – хъарзынэщ, угурымыӀуэрэ – мэлым я цыр щыи, узыхуей щӀы», – жеӀэри езыр [хьэсэпэхъумэр] губгъуэм докӀыж, щӀэщӀыр лъагэу ищӀащи, докӀуеижри зиплъыхьу тесщ, зы Ӏэщ гъавэм химыгъыхьэу, уеблэмэ къуалэбзу къетӀысэхмэ, фочкӀэ яхэуэурэ зэкӀэщӀихурт.— Хьэсэпэхъумэ, 417
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭЩӀ (2). Утелъ, ущыжей хъууэ жыгым е пхъэ зэфӀэбдзэ лъагэм тращӀыхь гъуэлъыпӀэ. Гъэ къэскӀэ Дэрдэхь къуажэр зэрыкъуажэу къелъэӀурти, хьэсэпэхъумэу ягъэувырт, «уцӀыху хьэрэмыншэщ, пэжкӀэ уопсэу» жаӀэрти, ноби хьэсэпэхъумэу щӀэщӀым тесу къытрашри къадым деж къашат, адыгэ зыхуэпэкӀэу хуэпауэ: къэптал тӀэкӀум и щӀыӀукӀэ бгырыпх фӀыцӀэ щӀэпхауэ, кӀэрахъуэжь гуэри гуэлэлу, гъуэншэджым щыдэжын Ӏэджи щыдэжауэ, и лъэми лъэдакъачэхэм яхуэмыдэу вакъитӀ илъу, пыӀэр иӀыгъыу къадым и пащхьэм итщ. Хьэсэпэхъумэ, 417. Мэл, бжэн къыпэщӀэхуэми, аращ – зи хьэсэ хэтам деж ехури еущий: «ДахэкӀэ угурыӀуэрэ – хъарзынэщ, угурымыӀуэрэ – мэлым я цыр щыи, узыхуей щӀы», – жеӀэри езыр [хьэсэпэхъумэр] губгъуэм докӀыж, щӀэщӀыр лъагэу ищӀащи, докӀуеижри зиплъыхьу тесщ, зы Ӏэщ гъавэм химыгъыхьэу, уеблэмэ къуалэбзу къетӀысэхмэ, фочкӀэ яхэуэурэ зэкӀэщӀихурт. Хьэсэпэхъумэ, 417-418.