щӀэщхъу

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

kazakaza ile
DoğuмыщӀэрыхъуӀэщӀэхъухьӀэкӀэщӀыхьӀэщӀэукӀэ(н)ӀэщӀэукӀыхьщӀэщхъу
BatıмышӀэрыхъуӀэкӀэхъухьӀэкӀэшӀыхьӀэкӀэукӀ(эн)ӀэкӀэукӀыхьфиткъуадж(эу)фитхъуадж(эу)
Kitapta geçtiği hali

мышӀэрыхъу/мыщӀэрыхъу, ӀэкӀэхъухь/ӀэщӀэхъухь, ӀэкӀэшӀыхь/ӀэкӀэщӀыхь, ӀэкӀэукӀ(эн)/ӀэщӀэукӀэ(н); ӀэкӀэукӀыхь/ӀэщӀэукӀыхь, фиткъуадж(эу), фитхъуадж(эу); щӀэщхъу; KAZA (~ ile)

щӀэщхъу → мышӀэрыхъу; KAZA

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: мышӀэрыхъу

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

УмыщӀэххэу къыпщыщӀ мыхъумыщӀагъэ; щыуагъэ.

руошибка, оплошность

Сыт емынэ дэ унагъуэм щӀэщхъууэ КъытхуэкӀуа, дэ сытыр ди гъащӀэт.— КӀуащ БетӀал

+1 örnek

ЩӀэщхъу зыщӀэ къыщӀэкӀуэркъым.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (2)

щӀэщхъу къыщыщӀын

ру1) попасть впросак

Цурэ, псэлъэным дихьэхыу щӀэщхъу гуэр къыщыщӀа хуэдэ, къэскӀащ. Къ. Хь. 2) попасть в переплёт.

щӀэщхъу щыщӀын (щыхъун)

рупричинить боль кому-л.

Ижь лъандэрэ лъэпкъ хабзэу яӀэ вакӀуэдэкӀ махуэшхуэр игъэкӀуэдыжыну Къазий- Мухьэмэд зэрыхэтыр псоми щӀэщхъу ящыхъуащ.— Шортэн Аскэрбий

Kitapta geçtiği hali

щӀэщхъу ошибка, оплошность / УмыщӀэххэу къыпщыщӀ мыхъумыщӀагъэ; щыуагъэ. * Сыт емынэ дэ унагъуэм щӀэщхъууэ КъытхуэкӀуа, дэ сытыр ди гъащӀэт. КӀу. Б. ЩӀэщхъу зыщӀэ къыщӀэкӀуэркъым. (погов.) ЩӀэщхъу къыщыщӀын 1) попасть впросак Цурэ, псэлъэным дихьэхыу щӀэщхъу гуэр къыщыщӀа хуэдэ, къэскӀащ. Къ. Хь. 2) попасть в переплёт. ЩӀэщхъу щыщӀын (щыхъун) причинить боль кому-л. * Ижь лъандэрэ лъэпкъ хабзэу яӀэ вакӀуэдэкӀ махуэшхуэр игъэкӀуэдыжыну Къазий- Мухьэмэд зэрыхэтыр псоми щӀэщхъу ящыхъуащ. Ш. А.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

УмыщӀэххэу къыпщыщӀ мыхъумыщӀагъэ; щыуагъэ; Ӏуэху мыхьэнэншэ.

ХэкущӀым щыпачам езы Нартыхум я къуажэр хэхуа пэтрэ, щӀэщхъу къэхъуар зэригъэзэхуэжын хузэфӀэкӀакъым, щӀыр зратар нэхъ лъэрызехьэу, дэӀэпыкъуэгъу иӀэу къыщӀэкӀри— Лъапсэ, 82

+2 örnek

ГъущӀ быдэм фӀэфӀкъым а Ӏуэху щӀэщхъур – Аращ фочышэр цӀыху нэпс ткӀуэпсым Ещхьыркъабзэу жынкӀэ щӀэхъур.— ГъущӀ. «Мывэ хуабэ», 119

Хуэмышэчу а щӀэщхъу хьэлъэр, Хоплъэр лӀыжьыр и щхьэр фӀэхуу— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 420

Deyimler (5)

щӀэщхъу ещӀэн

Зыгуэрым хуэгъэзауэ мыхъумыщӀагъэ щӀэн.

«КӀапсэрыкӀуэм» «Цищ» и гъусэу Дадэм и гур дахэ хуащӀыр: «Рау, дэ дощӀэр уи гупсысэр, Дыпхуэхъунущ ӀуэхутхьэбзащӀэ, ЩӀы уи фӀэщ уэ, пионерхэм Пхуахъумэнущ уиӀэ хъерхэр». ИгукӀэ жеӀэ Рау тхьэмадэм: «Пионерхэм щӀэщхъу къызащӀэу Сахуэзакъым».— Тисей, 481

щӀэщхъу къылъысын

Аннэ Павловнэ занщӀэу къищӀащ цӀыхубзым къылъыса щӀэщхъур, хущхъуэу ехьэлӀапхъэу щыӀэр ирихьэлӀэурэ еӀэзэу хуежьа щхьэкӀэ, цӀыхубзым и Ӏуэхур нэхъ Ӏей хъу фӀэкӀа, нэхъыфӀ хъуртэкъым— Лъапсэ, 27

Еплъ: щӀэщхъу къыщыщӀын

щӀэщхъу къыщыщӀын

МыхъумыщӀагъэ хэхуэн.

Елдар щӀэщхъу ин къыщыщӀами, и къару илъыгъуэти, жант.— Хъуэпсэгъуэ нур, 51

+2 örnek

Псоми я къежьапӀэ хъуар Нурхьэлий къыщыщӀа щӀэщхъушхуэр арат.— Хъуэпсэгъуэ нур, 145

Арэзыуэ щысщ а лӀыжьыр, – НасыпыфӀэ ухъу, си щӀалэ, – ЖиӀэу дадэм зыкъеужьыр, – Еплъ, си Ӏуэхур мыпщӀэгъуалэ, ЩӀэщхъукъэ нобэ къысщыщӀари, Уэрщ ар псынщӀэ схуэзыщӀари.— Тисей, 503

щӀэщхъу щӀэн

МыхъумыщӀагъэ зехьэн.

Бгым зэ дэкӀыу щӀэщхъу зыщӀари Ауз кӀыфӀым докӀуэдэж.— Бжей жыгым и балладэ. «Батырыбжьэ», 67

щӀэщхъу ӀэщӀэщӀэн

Хуэмейуэ мыхъумыщӀагъэ ищӀэн.

Дэрдэхь и къуэши и шыпхъуи къэгузэвауэ къызэхуэсащ, ди къуэшым щӀэщхъу ӀэщӀэщӀащ, ягъэтӀысри и бынунэр зеиншэу къонэ, жаӀэу.— Хьэсэпэхъумэ, 419

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭЩХЪУ (6). УмыщӀэххэу къыпщыщӀ мыхъумыщӀагъэ; щыуагъэ; Ӏуэху мыхьэнэншэ. ХэкущӀым щыпачам езы Нартыхум я къуажэр хэхуа пэтрэ, щӀэщхъу къэхъуар зэригъэзэхуэжын хузэфӀэкӀакъым, щӀыр зратар нэхъ лъэрызехьэу, дэӀэпыкъуэгъу иӀэу къыщӀэкӀри. Лъапсэ, 82. ГъущӀ быдэм фӀэфӀкъым а Ӏуэху щӀэщхъур – Аращ фочышэр цӀыху нэпс ткӀуэпсым Ещхьыркъабзэу жынкӀэ щӀэхъур. ГъущӀ. «Мывэ хуабэ», 119. Хуэмышэчу а щӀэщхъу хьэлъэр, Хоплъэр лӀыжьыр и щхьэр фӀэхуу. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 420. ◊ ЩӀэщхъу ещӀэн (1). Зыгуэрым хуэгъэзауэ мыхъумыщӀагъэ щӀэн. «КӀапсэрыкӀуэм» «Цищ» и гъусэу Дадэм и гур дахэ хуащӀыр: «Рау, дэ дощӀэр уи гупсысэр, Дыпхуэхъунущ ӀуэхутхьэбзащӀэ, ЩӀы уи фӀэщ уэ, пионерхэм Пхуахъумэнущ уиӀэ хъерхэр». ИгукӀэ жеӀэ Рау тхьэмадэм: «Пионерхэм щӀэщхъу къызащӀэу Сахуэзакъым». «Тисей», 481. ЩӀэщхъу къылъысын (1). Еплъ щӀэщхъу къыщыщӀын. Аннэ Павловнэ занщӀэу къищӀащ цӀыхубзым къылъыса щӀэщхъур, хущхъуэу ехьэлӀапхъэу щыӀэр ирихьэлӀэурэ еӀэзэу хуежьа щхьэкӀэ, цӀыхубзым и Ӏуэхур нэхъ Ӏей хъу фӀэкӀа, нэхъыфӀ хъуртэкъым. Лъапсэ, 27. ЩӀэщхъу къыщыщӀын (3). МыхъумыщӀагъэ хэхуэн. Елдар щӀэщхъу ин къыщыщӀами, и къару илъыгъуэти, жант. Хъуэпсэгъуэ нур, 51. Псоми я къежьапӀэ хъуар Нурхьэлий къыщыщӀа щӀэщхъушхуэр арат. Хъуэпсэгъуэ нур, 145. Арэзыуэ щысщ а лӀыжьыр, – НасыпыфӀэ ухъу, си щӀалэ, – ЖиӀэу дадэм зыкъеужьыр, – Еплъ, си Ӏуэхур мыпщӀэгъуалэ, ЩӀэщхъукъэ нобэ къысщыщӀари, Уэрщ ар псынщӀэ схуэзыщӀари. «Тисей», 503. ЩӀэщхъу щӀэн (1). МыхъумыщӀагъэ зехьэн. Бгым зэ дэкӀыу щӀэщхъу зыщӀари Ауз кӀыфӀым докӀуэдэж. Бжей жыгым и балладэ. «Батырыбжьэ», 67. ЩӀэщхъу ӀэщӀэщӀэн (1). Хуэмейуэ мыхъумыщӀагъэ ищӀэн. Дэрдэхь и къуэши и шыпхъуи къэгузэвауэ къызэхуэсащ, ди къуэшым щӀэщхъу ӀэщӀэщӀащ, ягъэтӀысри и бынунэр зеиншэу къонэ, жаӀэу. Хьэсэпэхъумэ, 419.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

falso

Düzeltme Öner

щӀэщхъу
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.