щӀэшын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(щӀеш)

1. ЗыщӀыбгъуу зыгуэр зыщӀыпӀэ къыщӀэгъэкӀын; гу, машинэ с. ху. щӀэгъэкӀын, щӀэгъэжын.

рувывести, вывезти кого-что-л. из помещения, из-под чего-л.

Пщыхьэщхьэ гуэрым ХьэтӀохъущокъуэр, къоджэӀа жаӀэри, щӀашащ.— Къэрмокъуэ Хьэмид

+1 örnek

Ар шэтыр зыщӀэлъым щӀашри щӀагъэгъуалъэхьэ зы пэш гуэрым.— ЩоджэнцӀыкӀу Ӏэдэм

2. Зыгуэрым щӀэт ткӀуаткӀуэ, Ӏугъуэ с. ху. ӀукӀэ е абы хуэщӀа зыгуэркӀэ къыщӀэгъэкӀын, къыщӀэхузыкӀын.

рувытянуть что-л. (напр. вино)

Тутыным Ӏугъуэр щӀэшын.

+1 örnek

Сэфар тахътэбаным ису къамылкӀэ санэху щӀишырт.— Шортэн Аскэрбий

Bu maddedeki ifadeler (1)

ЩӀымахуэ щӀэшын см. щӀымахуэ.

Kitapta geçtiği hali

щӀэшын (щӀеш) перех. гл. 1. вывести, вывезти кого-что-л. из помещения, из-под чего-л. / ЗыщӀыбгъуу зыгуэр зыщӀыпӀэ къыщӀэгъэкӀын; гу, машинэ с. ху. щӀэгъэкӀын, щӀэгъэжын. * Пщыхьэщхьэ гуэрым ХьэтӀохъущокъуэр, къоджэӀа жаӀэри, щӀашащ. Къэр. Хь. Ар шэтыр зыщӀэлъым щӀашри щӀагъэгъуалъэхьэ зы пэш гуэрым. Щ. Ӏ. 2. переносное вытянуть что-л. (напр. вино) / Зыгуэрым щӀэт ткӀуаткӀуэ, Ӏугъуэ с. ху. ӀукӀэ е абы хуэщӀа зыгуэркӀэ къыщӀэгъэкӀын, къыщӀэхузыкӀын. Тутыным Ӏугъуэр щӀэшын. * Сэфар тахътэбаным ису къамылкӀэ санэху щӀишырт. Ш. А. ЩӀымахуэ щӀэшын см. щӀымахуэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(щӀеш)

ЗыщӀыбгъуу зыгуэр зыщӀыпӀэ къыщӀэгъэкӀын.

– Уэ пщӀакъэ хьэжыгъэр абы щхьэлым щыщӀишым? – жиӀэри стӀолым бгъэдэтӀысхьэжа нэужь, комендантыр къызэупщӀащ.— МелыӀыч, 473

+1 örnek

[Комендантым:] – Уи складым щӀэлъыр нобэ-пщэдей щӀэтшынщи, зэфӀэкӀащ— МелыӀыч, 464

Kitapta geçtiği hali

ЩӀЭШЫН (щӀеш) лъэӀ. (5). ЗыщӀыбгъуу зыгуэр зыщӀыпӀэ къыщӀэгъэкӀын. – Уэ пщӀакъэ хьэжыгъэр абы щхьэлым щыщӀишым? – жиӀэри стӀолым бгъэдэтӀысхьэжа нэужь, комендантыр къызэупщӀащ. МелыӀыч, 473. [Комендантым:] – Уи складым щӀэлъыр нобэ-пщэдей щӀэтшынщи, зэфӀэкӀащ. МелыӀыч, 464.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

çıkarmak

Düzeltme Öner

щӀэшын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.