щӀэхьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(щӀехьэ)
Псэуалъэ гуэрым и кӀуэцӀым е щӀагъ, лъабжьэ гуэрым деж зыгуэр нэхьэсын.
рувнести кого-что-л. куда-л.
Мэхьилым Ӏэнэр хабзэкӀэ унэм щӀихьащ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
щӀэхьэн (щӀехьэ) перех. гл. внести кого-что-л. куда-л. / Псэуалъэ гуэрым и кӀуэцӀым е щӀагъ, лъабжьэ гуэрым деж зыгуэр нэхьэсын. * Мэхьилым Ӏэнэр хабзэкӀэ унэм щӀихьащ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(щӀехьэ)
Псэуалъэ гуэрым и кӀуэцӀым е щӀагъ, лъабжьэ гуэрым деж зыгуэр нэхьэсын.
А къомыр унэм щӀэсхьэу бжэ къуагъым деж дахэ цӀэкӀуу зэтеслъхьати, фызыр къэгузэвауэ гу лъыстащ: дапщэ иджы сӀихынур, жиӀэу.— МелыӀыч, 440
+2 örnek
Машинэм и бжэр къызэрыӀуахыу, зы лӀыжь гуэр ежэлӀащ, нысащӀэр ӀэплӀэкӀэ унэм щӀихьэн и хьисэпу, арщхьэкӀэ Саримэ щыгъупщатэкъым: «И гугъу умыщӀ, дадэ, езыр никӀынщ», – жиӀэри.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 548
Уэ лэгъунэм ущӀахьэнщи – ПӀэр къыпфӀощӀыр къауц защӀэу.— Сэ къыздэкӀуэ, жиӀэу щӀалэр. «Батырыбжьэ», 90
Kitapta geçtiği hali
ЩӀЭХЬЭН (щӀехьэ) лъэӀ. (3). Псэуалъэ гуэрым и кӀуэцӀым е щӀагъ, лъабжьэ гуэрым деж зыгуэр нэхьэсын. А къомыр унэм щӀэсхьэу бжэ къуагъым деж дахэ цӀэкӀуу зэтеслъхьати, фызыр къэгузэвауэ гу лъыстащ: дапщэ иджы сӀихынур, жиӀэу. МелыӀыч, 440. Машинэм и бжэр къызэрыӀуахыу, зы лӀыжь гуэр ежэлӀащ, нысащӀэр ӀэплӀэкӀэ унэм щӀихьэн и хьисэпу, арщхьэкӀэ Саримэ щыгъупщатэкъым: «И гугъу умыщӀ, дадэ, езыр никӀынщ», – жиӀэри. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 548. Уэ лэгъунэм ущӀахьэнщи – ПӀэр къыпфӀощӀыр къауц защӀэу. Сэ къыздэкӀуэ, жиӀэу щӀалэр. «Батырыбжьэ», 90.